Статьи на кабардинском языке

ТХЫДЭМ И ЛЪАГЪУЭХЭМ ТЕМЫЗАШЭ ЛЪАХЭХУТЭ

Май къалэм дэт тхыдэ-лъахэхутэ музейм мэкъуауэгъуэм и 28-м щекIуэкIащ тхакIуэ Опрышкэ Олег щагъэлъэпIа зэIущIэ.

ЦIЫХУБЗЫР ДИ НОБЭМ

Бзылъхугъэхэр дунейм и телъыджэ еянэу къэзылъытэхэр щыIэщ. Унагъуэ жьэгур хъумэным, гурыщIэ къабзэхэм, щабагъэм къыхуигъэщIауэ щытми, дуней псом тет цIыхубзхэр зэщхькъым, умыгъэщIэгъуэнкIэ плъэмыкIыуи къаруушхуэ зыбгъэдэлъхэр абыхэм яхэтщ.

ЯДЭТЛЪЭГЪУА ЛIЫГЪЭР ДГЪЭЩIЭГЪУАЩ

Ди адэ шыпхъум и къуэ нэхъыжь Уэлджыр Зауррэ сэрэ Адыгейм и ипщэ лъэныкъуэмкIэ дыкIуат.
 

ЩIЫНАЛЪЭМ И ЗЭХЭЛЪЫКIЭР КЪЭЗЫГЪЭЛЪАГЪУЭ ПСАЛЪЭХЭР

Аранэ - къуршым и нэхъ лъагапIэ дыдэ, бгы лъагэм и щыгу.
Бгыжьэ - бгы дурэш зэв. «Бгыжьэм и лъабжьэр кIыхьу, кууэ щIэупщIыкIат». (Шортэн Аскэрбий, «Бгырысхэр»).
БгыщIэ - бгы лъапэ.
БгъуэщI - бгы нэкIум и щIэдзапIэ Iыхьэу мэз, хъупIэ сытхэр нэхъ зыхуэзэр.
Губгъуэшэкъракъ - зыри щымыпсэу, къэкIыгъэ щIагъуи къыщымыкI губгъуэ нэщI.

ГЪУЭГУ БГЪУФIЭ ХЪУА ЛЪАГЪУЭ УГЪУРЛЫ

УФ-м и Президент Путин Владимир мы махуэхэм хэIущыIу зэрищIамкIэ, къэкIуэну гъэр ЕгъэджакIуэмрэ унэтIакIуэмрэ я илъэсу щыщытынущ ди къэралым. А унафэр ди гъуэгугъэлъагъуэу, гулъытэ хэха худощI къытщIэхъуэ щIэблэм псэ хьэлэлрэ гу къабзэу ядэлажьэ цIыхухэм. Псом хуэмыдэу гу лъытапхъэщ егъэджакIуэныр IэщIагъэ щыхъуа, абы ис цIыху зыбжанэ а IэнатIэм щыпэрыт унагъуэхэм.

РЕСПУБЛИКЭМ И ЮБИЛЕЙМ ИРИХЬЭЛIЭУ

Бахъсэн къалэ дэт «Юность» стадионым щекIуэкIуэкIащ «Юг-2022» 2010-2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм регбимкIэ академием и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэпсауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъум.

ТЭРЧ КЪАЛЭ ЩЫХЬЭЩIАЩ

Налшык къалэм и ЦIыхубзхэм я советым и унафэщI Дыджэш Лидиерэ бын куэд зыпI унагъуэ зыбжанэрэ Тэрч къалэм дэт музейм иджыблагъэ щыхьэщIащ.

ЕПЦIЫЖАКIУЭХЭР

ГъащIэ теплъэгъуэ

«ВАГЪУЭ ЦIЫКIУМ» И ИЛЪЭСИПЩI ГЪУЭГУАНЭ

Музыкэ театрым щагъэ­лъэ­пIащ Шэджэм районым хыхьэ Нартан къуажэм лъэпкъ къа­фэхэмкIэ щапхъэу къалъытэ «Вагъуэ цIыкIу» и сабий ансамблыр (художественнэ уна­фэ­щIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ­Къурашэ Эдуардщ) къызэры­зэрагъэпэщрэ илъэсипщI зэ­ры­рикъур. Къафэр зи псэм хэлъ ныбжьыщIэхэр щагъафIэ концертыр гукъинэжу къызэрагъэпэщащ. Ар иригъэкIуэкIащ режиссёр Гумэ Маринэ.

АСЛЪЭН АХЬМЭД: УЗЫНШАГЪЭР ЗЭРЫФХЪУМЭНЫМ ФЫХУЩIЭКЪУ

Узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм пэрытхэр сыт хуэдэ зэманми ялъытэу, пщIэ хуащIу къекIуэкIащ, медицинэм цIыху гъащIэм щиIэ мыхьэнэр къыпхуэмылъытэным хуэдэщи. А IэщIагъэм ирилажьэхэр зыпэрыт Iуэхум хуэпэжу, жэуаплыныгъэр зыхащIэу, цIыхугъэ лъагэ яхэлъу щытыпхъэщ сытым дежи. Я псэемыблэж лэжьыгъэм, Iэзагъышхуэм, гумащIагъэм къахуихьащ жылагъуэм щаIэ фIылъагъуныгъэмрэ пщIэмрэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке