РЕСПУБЛИКЭМ И ЮБИЛЕЙМ ИРИХЬЭЛIЭУ

Бахъсэн къалэ дэт «Юность» стадионым щекIуэкIуэкIащ «Юг-2022» 2010-2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм регбимкIэ академием и кубокыр къэхьыным ехьэлIа зэхьэзэхуэ. Ар хуэгъэпсауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэр илъэси 100 зэрырикъум.
Зэхьэзэхуэм хэтащ КъБР-м и командищ, Дагъыстэным щыщ командитI, Ростов областым, Ставрополь крайм, Ингушым къикIа командэ зырыз. Зэпеуэм и хьэщIэ лъапIэу щытащ Бахъсэн къалэ администрацэм и лэжьакIуэхэр, регбист цIэрыIуэхэр, КъБР-м регбимкIэ и федерацэм хэтхэмрэ регбимкIэ«Юг» академием и лIыкIуэхэмрэ.
ЗэпэщIэтыныгъэ гуащIэхэм пашэныгъэр щаубыдащ икIи саугъэт нэхъыщхьэр зыIэригъэхьащ Дагъыстэным къикIа командэм. Абыхэм къакIэлъокIуэ «Бахъсэн-I» регби гупыр. Ростов областым къикIа «Газстройсервис»-м зэхьэзэхуэм ещанэ увыпIэр щиубыдащ.

 

Мэзкуу Къан.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)