Статьи на кабардинском языке

ТекIуэныгъэр къыхуагъэфащэ

КъБКъУ-м ПравэмкIэ, экономикэмрэ финансхэмкIэ и институтым и «Юриспруденцэ» унэтIыныгъэм и 4-нэ курсым щеджэ Шыгъушэ ФатIимэ илъэс къэс екIуэкI ЩIэныгъэ лэжьыгъэхэмкIэ урысейпсо зэпеуэм и федеральнэ Iыхьэм текIуэныгъэ къыщихьащ.

Лъэпкъхэр зэрызэгурыIуэ Iэмал гъуэзэджэ

Шыд Хьэзрит и цIэр зэрихьэу Нарткъалэ дэт курыт школ №2-м (унафэщIыр Шыбзыхъуэ Иннэщ) урысыбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр щIэблэм я унэтIакIуэ нэсщ. Ахэр зи къалэным къызыхуэтыншэу пэлъэщ, IэнатIэм ехъулIэныгъэ лъагэхэр щызыIэрызыгъэхьэ лэжьакIуэ пашэхэщ.

Сурэттеххэм дагъэлъагъу дахагъэр

«Свой стиль» зэгухьэныгъэм хэтхэм я къыкIэлъыкIуэ гъэлъэгъуэныгъэр Налшык къалэм, ХьэтIохъущокъуэм и хадэм ит розэхэм я хьэсэхэм деж къыщызэIуахащ. Абдеж щагъэлъэпIащ республикэм и сурэттеххэм я   клубым и зэпеуэм щытекIуахэр. 

Гъуэгу насыпыншагъэхэм хохъуэж

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгухэм шынагъуэншагъэр къызэрыщызэгъэпэщамрэ транспорт зэжьэхэуэхэм я бжыгъэр гъэмэщIэ­нымкIэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ. 

ДэIэпыкъуныгъэ хуэныкъуэу зыхуагъазэ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и Iуэху­щIапIэм лъэIукIэ зы­хуэ­зы­гъэ­захэм яIущIащ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Щхьэгуэш Адэлбий. Республикэм и цIыхухэм партым зыкъыхуагъэзащ я псэуныгъэр егъэфIэ­кIуэ­ным, узыншагъэр зэфIагъэувэжыным текIуэдэну ахъшэ зэрамыIэм, лэжьыгъэ Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ. 

Саугъэтхэмрэ фэеплъ тыгъэхэмрэ хуагъэфащэ

КъБР-м щыIэ МВД-м ­щагъэлъэпIащ сабийхэм твор­чествэмкIэ я урысей­псо зэпеуэм, «Полицейский дядя Стёпа» фIэщыгъэр зезыхьэм, и республикэ Iыхьэм щытекIуахэр. 

Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэ

КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщI Егоровэ Татьянэ мэкъуауэ­гъуэм и 2-м иригъэкIуэкIа зэIущIэм Iуэхугъуэ 15-м нэблагъэм щы­хэп­лъащ. Депутатхэм хабзэхэм халъхьа зэхъуэкIыныгъэхэу къащтам къищынэмыщIа, зэIущIэм щедэ­Iуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр 2026 гъэм и япэ мазищым зэрагъэзэщIамрэ цIыху­хэм я хуитыныгъэхэр хъумэным ехьэ­лIауэ 2025 гъэм зэфIагъэкIамрэ.

ЩIыналъэ бюджетыр зэрагъэзащIэр

Урысей Федерацэм и Къэрал Советым и комиссэм видео зэпыщIэныгъэкIэ «Экономикэмрэ финансхэмрэ» унэ­тIы­ныгъэмкIэ конференц иригъэ­кIуэкIащ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. 

Насыпым и лъахэ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зе­зыхьэ Лъэпкъ библиотекэм зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ. Абы ирагъэблэгъат филологие щIэныгъэ­хэмкIэ доктор, профессор, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институ­тым адыгэ литературэмкIэ и секторым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэт ХьэкIуащэ ­Мадинэ. ЗэIущIэр теухуат иджы­благъэ къыдэкIа и романыщIэм.

ГъэщIэгъуэну, нэгузыужьу, гукъинэжу

Илъс къэси хуэдэу, ди республикэм мы гъэми Iэтауэ щагъэлъэпIащ Сабийхэр хъумэным и дуней­псо махуэр. Абы теухуа ­гуфIэгъуэ, нэгузыужь Iуэ­ху­гъуэхэр куэду къы­щы­зэрагъэпэщащ щIыналъэм хиубыдэ щIыпIэхэм, къалэхэм. Налшык и закъуэ ще­кIуэкIащ махуэщIыр зы­хуэгъэпса цIыкIухэм яхуэ­гъэзауэ 20-м нэс. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке