Статьи на кабардинском языке

НЫДЖЭКЪУЭ-НЭДЖЫГУ-НАДЖИГО

Мы цIэр зезыхьэ къуажэ цIыкIур хы ФIыцIэ Iуфэм Iус ПсыфIыпэ (Лазаревск) посёлкэм къухьэпIэ-ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ километр 25-кIэ пэжыжьэщ. Абы хъуапсэгъуэу зыдигъэзэгъащ ар зэгъэщIылIа Мэкъупс (Макопсе) и тIуащIэм. 

ИУЖЬРЕЙ ИЛЪЭСХЭМ ДИ НЭГУ ЩIОКI

ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и 49-нэ сессиеу 1994 гъэм Франджым и къалащхьэ Париж щригъэкIуэкIам мэкъуауэгъуэм и 17-р Губгъуэшэкъракъхэм (къумхэм) земыгъэубгъунымрэ уэгъухэм япэщIэтынымкIэ (World Day to Combat Desertification and Drought) я махуэу къыщызэдалъытащ. КъыкIэлъыкIуа илъэсым ар къэрал куэдым гъэлъэпIэн щыщIадзащ. 

УРЫСЕЙПСО ЗЭПЕУЭМ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Армавир къалэм щекIуэкIащ самбомкIэ Урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы и саугъэт нэхъыщхьэхэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ псоми къикIа зи ныбжьыр илъэс 14-м нэблагъэ спортсмен 700-м щIигъу. 

КIУЭДЫЖ ЛЪЭУЖЬ

Гъуджэм къищ гупсысэ

ТХЫПХЪЭХЭМ Я «ГУАЩЭХЭР»

Тхыдэдж, этнограф КIыщ Хьэзрэтэлий «IэпщIэлъапщIэ» гупжьейр 1984 гъэм щигъэлажьэм, МэзщIэкIуасэхэ япхъухэу Маринеттэрэ (Дагъырхэ я нысэщ) Джульеттэрэ (Шэт) абы и деж зыщагъасэрт. КIыщыр а зэманым щIэхъуэпсырт дыщэидэ лъэпкъ IэщIагъэр къигъэщIэрэщIэжыну.

ДЭТХЭНЭРИ АБЫ ХУЭДЭУ ЩЫТАМЭ

Республикэм и щIалэгъуалэ куэд къэралым и щIыналъэ зэхуэмыдэхэм щытхъухэр яIэу щолажьэ. Абыхэм ящыщ зыщ нобэ зи гугъу фхуэсщIыну щIалэр – Саратов къалэм Травматологиемрэ ортопедиемкIэ дэт щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и травматолог, хирург-ортопед, медицинэ щIэныгъэхэм я кандидат Емкъуж Олег.

ДИ КУЭДЩ ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ДЫХУЭЗЫШЭНУ IЭМАЛЫЩIЭХЭР

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ, мэкъуауэгъуэм и 17-м, къыщып­сэлъащ Санкт-Петербург къалэм щекIуэкI Дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) и пленарнэ сессием. Мэкъуагъуэм и 15 лъандэрэ лажьэ форумым и утыку кърахьащ дунейпсо экономикэ щытыкIэм, абы и лъэныкъуэкIэ къэралхэм ­ягъуэт зыужьыныгъэмрэ ахэр зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэмрэ ятеухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр.

УЭРЭ СЭРЭ

Узбекистаным къыщыхъуа нысашэ хъыбарым дунейр къызэхикIухьри, Кавказми къэсащ. ЩIали хъыджэбзи, жьыи щIэи я нэгу щIэкIам я щхьэфэцыр игъэтэджащ жыпIэныр мащIэщ, апхуэдизкIэ къигъэгубжьащи. 

ХЭХЪУЭМРЭ ГЪЭСЭНЫГЪЭМРЭ

«ГъэрыпIэ зэрихуар къыфIэмыIуэхуу,

Бгырысхэм я щэнхабзэм ар кIэлъыплъырт…», - Пушкин Александр.

Адыгэхэр сыт хуэдизу зэпIэзэрыту, хьэлкIэ зэтеубыдарэ, ткIийуэ щымытами, хуабагъэшхуэ яхэлъу сабийхэм ящхьэщытт. Сабийм, хэхъуэм ехьэлIауэ щыIа хабзэхэм уриплъэжмэ, къыбгурыIуэнущ ар.

АЛЬПИНИСТХЭР IУАЩХЬЭМАХУЭ ДЭКIЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси I00 зэрырикъум и щIыхькIэ, мы гъэм и шыщхьэуIум Урысейм и щIыналъэхэм щыщ альпинисти I00 Iуащхьэмахуэ дэкIынущ, «Эльбрусиада-I022» проектым хыхьэу. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм альпинизмымкIэ и Федерацэм, КъБР-м и Правительствэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке