Статьи на кабардинском языке

АДЫГЭХЭМ Я ЗЭРЫЩIЭНЫГЪЭ

ЗэрыщIэныр, зэпсэлъэныр цIыхур зыхуэныкъуэ къудей мыхъуу, набдзэгубдзаплъэу ухэплъэмэ, гъэунэхупIэ, гъащIэм и дерс псори къызыхэпх Iуэхугъуэщ. 

«ТХЬЭМПЭЩIЭ»-М ТЕУХУАУЭ

Сыт хуэдэ Iуэхуми тхыдэ зэриIэм ещхьу, шейудзми езым и къежьапIэ иIэжщ. Абы и щIыналъэу ябжыр Китайрщ. Къапщтэмэ, ижь-ижьыж зэманым абы ар зэрыщацIыхуу щытар удз хущхъуэ лIэужьыгъуэущ. 

СУРЭТ ДАХАЩЭ

Прозэу тха усэ

«ФIЫУЭ СЛЪАГЪУ КАВКАЗ»

Ар и фIэщыгъэщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Ставрополье щIыналъэхэр зэпызыщIэ, километр миным щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгуанэм. Иджы мы гъэм абы лъэпкъ статусыр къыхуагъэфэщэнкIэ хъунущ. Абы ехьэлIауэ зыхуеину тхылъхэр Урысей туризмым ирагъэхьауэ къэпщытакIуэ советыр хоплъэ. 

УЭРКЪ ХАБЗЭ

«Псэ хуиткIэ Тхьэшхуэр зэтахэм
Зауэр хабзэм и щхьэу ябжт…», - Лермонтов Михаил.

ТРЕНЕР ЦIЭРЫIУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

«Рахлин Анатолий и кубок» зыфIаща дзюдомкIэ ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ мы махуэхэм Санкт-Петербург щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ «ищхъэрэ къалащхьэм» щекIуэкIа 25-нэ Дунейпсо экономикэ форумым и дэIэпыкъуныгъэкIэ. 

МЫЩЭ АНЭ

Хъыбар

«ФИ УНАГЪУЭМ МАМЫРЫГЪЭ ИРЫРЕЛЪ»

А фIэщыгъэм щIэту уэрэ­джыIакIуэ цIэрыIуэ Зарэ  (Мгоян Зарифэ) Налшык дэт Театр щхъуантIэм иджыблагъэ концерт ин щитащ.

ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭ ЩХЬЭПЭХЭР

Санкт-Петербург къалэм мы махуэхэм щекIуэкI Дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) и лэжьыгъэм хэту, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэ­кIуэ Казбек хуэзащ УФ-м и Правительствэм и нэIэм щIэту ла­жьэ Аналитикэ центрым и уна­фэщI Калинин Константин. Абыхэм Iэ традзащ КъБР-м и Правительствэмрэ Аналитикэ центрымрэ зэрызэдэлэжьэнум теухуа дэфтэрым.

ЗЭРЫЗЭДЭЛЭЖЬЭНУР ЯГЪЭБЕЛДЖЫЛЫ

Дызэрыщыгъуазэщи, мэкъуауэгъуэм и 15 - 18-хэм Санкт-­Петербург къалэ щокIуэкI «ЭкономикэмкIэ къэрал зэхуаку ­форум» зыфIаща зэIущIэшхуэм и 25-нэ зэхуэсыгъуэу «ПМЭФ-2022» зи нагъыщэр. Абы лэжьыгъэ IуэхукIэ  щызрихьэлIахэм ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Удмурт республикэхэм я лIыщхьэхэри.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке