Статьи на кабардинском языке

КЪАЛЭКУМ ИТ «БЭЗЭР ЩХЪУАНТIЭР»

Налшык Горький Максим и цIэр зезыхьэ и жыг хадэм пэмыжыжьэу иIэ, къалэкум хуэзэ «бэзэр щхъуантIэр» къалэдэсхэми зыплъыхьакIуэхэми фIыуэ яцIыху.

ЛЪЭЦЭР ХЬЭЗРЭТ И ИЛЪЭС 65 ЛЪАГАПIЭР

Нобэ и ныбжьыр илъэс 65-рэ ирокъу дзюдомкIэ дунейпсо чемпион, Континентхэм я кубокыр тIэунейрэ къэзыхьа, Европэм плIэнейрэ щытекIуа, Совет Союзми апхуэдизрэ щынэхъ лъэща, СССР-м спортымкIэ щIыхь зиIэ и мастер Лъэцэр Хьэзрэт. Ар къыщалъхуари къыщыхъуари Адыгейм хыхьэ Къэзаныкъуей къуажэращ.

КIЭЛЪЫПЛЪЫНЫГЪЭР ЯГЪЭТКIИЙ

Урысей Федерацэм и Про­курор нэхъыщхьэм и къуэдзэ ­Кикоть Андрей кърихьэлIэу, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и прокуратурэм и коллегие екIуэкIащ. Абы щызэхалъ­хьэжащ 2022 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэр.

КЪУЭПСЫР БЫДЭМЭ, ЛЪЭПКЪЫР ЛЪЭЩЩ

Тэрч щIыналъэм хыхьэ Инарыкъуей къуажэ дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыб­лагъэ зэхыхьэ дахэ щекIуэкIащ.

НОБЭМИ ДЭРЭЖЭГЪУЭ КЪОЗЫТ ЗЭПЕУЭХЭР

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ­хэм шыгъажэр яфIэфIщ. Нобэми ар зыхалъхьэ зэрыщымыIэр и щыхьэтщ щэбэт кIуам Налшык и ипподромым щекIуэкIа зэпеуэхэр – абыхэм еплъыну цIыху куэд дыдэ кърихьэлIат.

ПХЪЭЩХЬЭМЫЩХЬЭР КЪЕХЬЭЛIЭЖЫНЫМКIЭ ПЭРЫТХЭР

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ мэракIуэхэкIхэмрэ къехьэлIэжыным республикэм зэрыщыщIадзам теухуа тхыгъэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек телеграм-каналым щиIэ напэкIуэцIым иритхащ.

ГЪУАЗЭРЫПЛЪ КЪУАЖЭКIЭМ

Мы тхыгъэм ипэ къихуэу дэ кIэщIу щыгъуазэ фыхуэтщIащ адыгэхэм я хэкужь Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым зыплъыхьакIуэ тIэунейрэ дызэрыкIуам. Зыгуэрым жиIащ: «Уэрэ сэрэ дэнэ дыщы-псэур? Кавказ къудейракъым, пэжкъэ? АдыгэщIщ...»

КУЭШХЬЭБЛЭ

Адыгейм «Куэшхьэблэ» зи фIэщыгъэу ит къуажэшхуэр зэпэплIимэу дахэщ, и уэрам Iэхуитлъэхуитхэр языныкъуэ щIыпIэхэм я деж щызэхыхьэжрэ адэкIэ щызэхэкIыжу.
Мы къуажэр километр 60-кIэ пэжыжьэщ Адыгэ Республикэм и къалащхьэ Мейкъуапэ, и ищхъэрэ-къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэу.

ГЪЭШХЭКIХЭМ ФАХУЭСАКЪ

ГъэшхэкI ерыскъыхэр узыншагъэмкIэ сэбэпышхуэу зэрыщытым и хъыбар дэтхэнэ зыми и сабиигъуэм щегъэжьауэ зэхихащ. Шэджагъуэ нэужьхэм и деж шху зэгъэпцIагъащIэ зы стэкан уефэныр сыт и уасэ – ерыскъыр гъэткIунымкIи, фэр дахэу щытынымкIи, Iэпкълъэпкъыр узыфэхэм пэщIэтынымкIи ар икъукIэ сэбэпщ. АрщхьэкIэ, иджыпсту куэдрэ зэхыдох гъэшхэкI лIэужьыгъуэ куэдым къэуат ящIэмылъу жаIэу.

ЦIЫХУ IЭПЩIЭЛЪАПЩIЭ

 Ди щIыналъэм нэхъ IэпэIэсэу исхэм ящыщщ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт Мэстафэ Вячеслав. Абы гъукIэным, дыщэидэм, арджэным, уанэ щIыным я щэхухэр езыр-езыру къихутэжащ (нэхъыжь закъуэтIакъуэхэр и щIэгъэкъуэну). Адэжьхэм я IэщIагъэхэр щIэблэм къезыгъэщтэжыну хущIэкъухэм ар зэращыщри гуапэщ.
 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке