Статьи на кабардинском языке

ПСЫХУАБЭ И ПСЫ ХУЩХЪУЭХЭР

Псыхуабэ и Iэгъуэблагъэм зыщызыубгъуа псы хуэщхъуэхэм пасэу тетхыхьахэм язщ император музейм и япэ директор Жиль Флориан Антуан. 
Кавказымрэ езыр нэхъ щызекIуэ Псыхуабэрэ я фIагъыр зыхуэдизыр зэхигъэкIын мурад ищIам ещхьу, Жиль I859 гъэм итхырт: 

Угъурлы тхуэхъуну

ДыхуэпIащIэу, фIы куэдкIэ дыщыгугъыу апхуэдэщ сыт щыгъуи Илъэ­сы­щIэр. А псалъэм дэтхэнэ цIыхуми ирип­хыр езыр нэхъ зыхуэпабгъэ, къехъулIэну нэхъ зыщIэхъуэпсу и пщIыхьым хэмыкI Iуэхугъуэхэращ. Щрет ар мылъкушхуэу е узыншагъэ быдэу, щIэныгъэу, ехъулIэныгъэу, лъагъуныгъэу е мамырыгъэу.

ИППОСФЕРЭ ШЫ ГЪЭЛЪЭГЪУЭНЫГЪЭР ЕКIУЭКIАЩ

Санкт-Петербург дэт «Дерби» шы-спорт клубым мэкъуауэгъуэм и I0 - I3-хэм щызэхэтащ гъэ къэси екIуэкI, XXIII «Иппосфера» шы гъэлъэгъуэныгъэр.

МОНГОЛИЕМ ДЫЩЭ МЕДАЛЬ КЪРЕХ

Урысейм щыщ шапсыгъ щIалэ, дзюдомкIэ бэнакIуэ Угольников Михаил Монголием и щыхьэр Улан-Батор мэкъуауэгъуэм и 26-м щекIуэкIа «Тажышхуэ» зэхьэзэхуэм дыщэ медаль къыщихьащ. 

АСТЕРОИДЫМ И МАХУЭ

Мэкъуауэгъуэм и 30-р Астероидым и дунейпсо махуэщ (Asteroid Day). АбыкIэ унафэ къыщащтащ ООН-м и Ассамблее Нэхъыщхьэм и зи чэзу зэхыхьэу 2016 гъэм дыгъэгъазэм и 6-м иригъэкIуэкIам.

ШЫФIЫР ЛIЫГЪЭМ И НЫКЪУЭЩ

ЦIыхум шыр унагъуэ псэущхъэ щищIар ди лъэхъэнэм ипэкIэ е 3-нэ илъэс минрауэ хуагьэфащэ.

Ди лъэпкъым и гушхуапIэ нартхэр щыщыIа зэманым шымрэ цIыхумрэ пхузэкIэрымыхыжын зэхуэхъуагъэххэт. Шы лъэпкъ къэгъэщIынкIи, а псэущхъэ угъурлыр  зехьэнымкIи гъэсэнымкIи IэмалыфIэ хъуагъэххэт.

ЗАУЭЛI ГЪУЭГУАНЭ

Iуэтэж

БИЦУ КЪАНТЕМЫР И ТЕКIУЭНЫГЪЭ

Калугэ къалэм дэт «Центральный» спортым и уардэунэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ урысейпсо XI спартакиадэм и кIэух зэIущIэхэр. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ 44-м щызэхэта зэпеуэхэм щытекIуа спортсмен 300-м нэблагъэ. 

ЛАБЭРЭ ЩХЬЭГУАЩЭРЭ

Адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ къэзыкIухьын зыфIэфIхэм я гуп къызэбгъэпэщын ипэ, уэ езым зыбжанэрэ апхуэдэ гъуэгуанэ къэпкIуауэ, а Iуэхуми цIыху гуэрхэр дебгъэхьэхауэ щытын хуейщ.

ЗЭМАНЫМ И ХАБЗЭМ ТЕТИ…

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 70-80 гъэхэм «биоритмхэм я махуэгъэпс» щыIащ. ИнагъкIэ зэхуэмыдэ дискищыр бжыгъэ зэпыхукIахэм я хъуреягъкIэ щызекIуэрт. Ар къэзыгупсысахэм жаIэрт цIыхухэм я физическэ, зэрызыхищIэ, зэрыгупсысэ биологическэ ритмхэм я зыужьыкIэхэр къриппщытэ хъууэ. Абы папщIэ махуэгъэпсым иребгъэубыдэн хуейт укъыщалъхуа гъэр, мазэр, махуэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке