|
|
Статьи на кабардинском языке
26 октября, 2025 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм жэпуэгъуэм и 22-м пресс-конференц щекIуэкIащ сабий зеиншэхэмрэ зи адэ-анэхэм ямыпIыжхэмрэ щыпсэункIэ къызэгъэпэщыным теухуауэ.
25 октября, 2025 - 06:03
Иджыблагъэ щыгъуазэ фызэрытщIащи, КъБР-м и Парламентым и лIыкIуэ гуп хэтащ Кавказ Ищхъэрэ Парламент зэгухьэныгъэм и XII зэхуэсым. Ар Къэрэшей-Шэрджэсым щекIуэкIащ жэпуэгъуэм и 22 - 24 махуэхэм.
25 октября, 2025 - 06:03
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и IуплъапIэр зымылъэгъуарэ ар зыхуэдэр жызымыIэфынрэ куэд дыдэ щыпсэууэ къыщIэкIынукъым ди щIыналъэм. ЕджапIэ нэхъыщхьэм и щIыхьэпIэм и Iуж натIэр хуэхъурейщ, ар пкъощIэсэ гъумыщIэхэм щIаIэгъэ, и фIэщыгъэр хэгъэгум къэралыбзэу щагъэува бзэхэмкIэ – адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ – къэгъэлъэгъуащ.
24 октября, 2025 - 06:03
КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэIущIэ зэхэтащ жэпуэгъуэм и 21-м. Депутатхэм мыхьэнэшхуэ зиIэ законопроект зыбжанэ къыщащтащ абы.
24 октября, 2025 - 06:03
Урысей Федерацэм КИФЩI-м щиIэ МВД-м и Жылагъуэ советым и унафэщI Сикоев Сослан «Граждан къэпщытэныгъэхэр», «Дызэкъуэту террорым дыпэщIэтщ» лэжьыгъэм хыхьэу иджыблагъэ щыIащ «Малкэ», «Урыху», «Чермен» ФКПП-хэм.
23 октября, 2025 - 06:16
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Минеральные Воды къалэм щекIуэкI зэхуэсыр зэхьэлIа ди къулыкъущIэхэмрэ дыгъуасэ яIущIащ Къэрал гъуэгу агентствэм и унафэщI Новиков Роман Виталий и къуэм.
23 октября, 2025 - 06:11
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ Архитекторым и махуэр Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
23 октября, 2025 - 06:08
Лъэпкъ драмтеатрхэм я «Южная сцена» фестивалыр жэпуэгъуэм и 18-м Налшык и Музыкэ театрым щызэхуащIыжащ. Ар къызэрагъэпэщ УФ-м-рэ КъБР-мрэ ЩэнхабзэмкIэ я министерствэхэм, УФ-м Театрым и лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэмрэ абы и щIыналъэ къудамэхэмрэ.
22 октября, 2025 - 09:42
«Спортыр терроризмэм и бийщ» фIэщыгъэр зэрихьэу, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэхэу зи къалэн зыгъэзащIэу 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м хэкIуэдахэм я фэеплъу, дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ республикэм и бэнакIуэ 200-м щIигъу.
21 октября, 2025 - 06:03
Лышх узыфэхэмкIэ УФ-м и Минздравым Дон Iус Ростов къалэм щиIэ щIэныгъэ IуэхущIапIэм и дохутырхэр къытхутопсэлъыхь бгъэр лышхым зэриубыдар къызэращIэ щытыкIэхэмрэ абы зэрызыщыпхъумэфынумрэ.
Страницы
|