|
Статьи на кабардинском языке
15 июля, 2022 - 06:55
XIX лIэщIыгъуэм и 60 гъэхэм Къэбэрдейм шыхъуэу 192-рэ ист. Шы куэд зезыхуэхэм хабжэрт полковник ХьэтIохъущокъуэ ХьэтIэхъущыкъуэ (300), Кушмэзокъуэ Кушмэзыкъуэ (200), Тыжь Пакъ (600), Тыжь Алий (500), подполковник Къэсейр (200), юнкер Шалборовымрэ и къуэшхэмрэ (1500), ХьэтIохъущокъуэ Бэчмырзэ (250), ХьэтIохъущокъуэ Исмэхьил (200), ХьэтIохъущокъуэ Темрыкъуэ (300), ТэукIэщ Цурэ (225).
15 июля, 2022 - 06:54
Налшык къалэ и ХьэтIохъущокъуэ хадэр и инагъкIи, и дахагъкIи къэралым и зыгъэпсэхупIэ нэхъ екIухэм хабжэ. Ди щIыналъэм дамыгъэ хуэхъуа щIыпIэ дахэхэм ящыщщ ар. ЗэхъуэкIыныгъэхэм я лъэхъэнэм ар дэхуэхауэ щытами, иужьрей илъэсхэм абы и теплъэр хэпщIыкIыу ефIэкIуэжащ.
15 июля, 2022 - 06:54
Кавказ Ищхъэрэ–КъухьэпIэ дахащэм и адыгэ лъагъуэжьхэмкIэ ирикIуэн зыфIэфIхэр я бжыгъэкIэ мыкуэдми, нэхъыщхьэр аракъым, атIэ апхуэдэ нэгузегъэужьыкIэм дихьэхахэр зэрыщыIэрщ.
14 июля, 2022 - 12:41
Апхуэдизу уелIалIэу, уахуэнэхъуеиншэу си псэм и губгъуэм удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэ къомыр щхьэи щыбгъэкIат, я къуэпси, я лъэдакъи, я жэпкъи, я купкъи зэрызэщIыгъуу къиптхъыжу нэгъуэщIым ахэр тыгъэ щахуэпщIыжынум?
14 июля, 2022 - 08:41
«Еханэ классым сыщIэсу, Къулъкъужын къуажэм и курыт еджапIэ № 4-м IэпщэрыбанэмкIэ гупжьей къыщызэIуахати, абы илъэскIэ сыхэтауэ, ещанэ школым пшынэ еуэным щыхуагъасэу зэхэсхат, - жеIэ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэ Мэремкъул Ибрэхьим. - Си къуэшхэу Жыгун Эдуардрэ Мэремкъул Ренатрэ абы кIуэрти, хъыбар къызагъэщIащ сэри я гъусэу сыкIуэну.
14 июля, 2022 - 07:40
Мы тхыгъэр зей Къудей Дилэк ныбжькIэ щIалэщ, къыщалъхуар Тыркуращ. Езым и къежьапIэхэр, и лъэпкъ къуэпсхэр къэзылъыхъуэж пщащэм и гур хегъэщI адыгэбзэр зэримыщIэм. Хэхэсу псэу адыгэхэм я натIэ хъуращи, зыхэс лъэпкъым я бзэр къащтэри, я анэдэлъхубзэр ящогъупщэж. Сыт хуэдэ Iэмал къагъуэтыфыну пIэрэ бзэм и кIапэлъапэхэр къаубыдыжын щхьэкIэ?
14 июля, 2022 - 06:39
(Ущие зыхэлъ тхыгъэ)
Абы и кабинетым къыщыIуащ куэд щIауэ зэса телефон къеуэ макъыр. АбыкIэ мыплъэу, и Iэ ижьыр ишийри, трубкэр къытрихащ:
- СынодаIуэ.
- Си псэм хуэдэ, кхъыIэ, къакIуэ. Си Iуэхур щIагъуэкъым, сызэрыхъур сщIэркъым… КъакIуэ, псори пхузогъэгъу…
- «Пхузогъэгъу» жыпIа? Уэ пщIэуэ пIэрэ, дахэ цIыкIу, псомкIи къуаншэр уэрауэ зэрыщытыр?!
- Сэри?
13 июля, 2022 - 12:38
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ, СССР-м, РСФСР-м я Къэрал, Ленин саугъэтхэм я лауреат Кулиев Къайсын и фэеплъ унэ-музей Шэджэм къалэм щыIэм щагъэлъагъуэ сурэтыщI Рушевэ Надеждэ и лэжьыгъэхэр, ар къызэралъхурэ илъэс 70 зэрырикъум и щIыхькIэ.
13 июля, 2022 - 09:37
Израилым ис адыгэхэр сыткIи щапхъэщ щыпсэу къэралым щызекIуэ хабзэхэм хуэпэжу зэрыщытымкIэ. Абыхэм Израилыр ефIэкIуэным хуащI хэлъхьэныгъэр мащIэкъым, апхуэдэуи ар бийм щыхъумэнымкIэ яIэ зэфIэкIри цIыкIукъым. Ар къыхагъэщ Израилым и къулыкъущIэхэм. Иджыпсту а къэралым зыхъумэжыныгъэмкIэ и дзэми, полицэми, шынагъуэншагъэмкIэ къулыкъущIапIэми щыIэхэм я процент 95-р адыгэ цIыхухъухэращ.
13 июля, 2022 - 06:36
Налшык Горький Максим и цIэр зезыхьэ и жыг хадэм пэмыжыжьэу иIэ, къалэкум хуэзэ «бэзэр щхъуантIэр» къалэдэсхэми зыплъыхьакIуэхэми фIыуэ яцIыху.
Страницы
|