|
Статьи на кабардинском языке
6 марта, 2025 - 07:02
«Бжыгъэрылъанэ дерсхэр» зи фIэщыгъэ урысейпсо егъэджэныгъэ жэрдэмым ипкъ иткIэ, Тэрч къалэ дэт курыт еджапIэ №2-м дерс зэIуха щекIуэкIащ. Ар компьютерым и лэжьыгъэр зытещIыхьа операцэ Iэмалхэр джыным теухуат.
6 марта, 2025 - 07:00
Урысей Федерацэм «Физическэ культурэмрэ спортымрэ зегъэужьын» и къэрал программэм, «Спортыр гъащIэм и мардэщ» федеральнэ пэхуэщIэм хыхьэ «Демография», «Бизнес - спринт: спортыр къыхы-зох!» лъэпкъ пэхуэщIэхэм, «Къэбэрдей-Балъкъэрым физическэ щэнхабзэмрэ спортымрэ зыщегъэужьын» къэрал программэм япкъ иткIэ республикэм а къалэнхэр зэфIэгъэкIыным хуэщIа ухуэныгъэхэр жыджэру щрагъэкIуэкI иужь
6 марта, 2025 - 06:58
Налшык къалэм дэт «Налшык-Аренэ» IэрыщI мыл зэрылъ уардэунэм гъатхэпэм и 4 - 5-хэм зыкъыщигъэлъэгъуэнущ Омск областым лъэрыжэм тету къэфэнымкIэ и командэ къыхэхам. Абыхэм я мастер-классхэмрэ хэгъэрейхэм щхьэкIэ зэхагъэува программэмрэ еплъыну гукъыдэж зиIэхэр а махуитIми фрагъэблагъэ сыхьэтхэр 15-мрэ, 19-мрэ.
4 марта, 2025 - 06:05
1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм ди къэралым ТекIуэныгъэ Иныр къызэрыщихьрэ илъэс 80 зэрырикъум и щIыхькIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым махуитIкIэ щыхьэщIащ зауэ гъуэгум уризыгъэплъэж, тхыдэ напэкIуэцIхэр уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ гъэлъэгъуэныгъэхэр зи вагонхэм ит «ТекIуэныгъэм и МафIэгур». Налшыкдэсхэр мафIэгум щыIущIащ гъущI гъуэгу вокзалым.
4 марта, 2025 - 04:40
Мыбы ипэкIэ дытетхыхьат дыщыпсэу ЩIыр зэкIэрэхъуэкI Дыгъэр зыхыхьэ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) вагъуэ зэрыбын абрагъуэмрэ абы нэхъ къыпэгъунэгъу Андромедэ вагъуэ куэщIымрэ (галактикэмрэ) зэпэблагъэ хъуа иужькIэ кърикIуэнкIэ хъунур зыхуэдэм.
4 марта, 2025 - 04:39
Лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэр Ипщэ Федеральнэ щIыналъэм щыIэ дохутырхэм дэгуэшэнущ я зэфIэкIхэмрэ а узыфэ шынагъуэм зэрыбгъэдэт IэмалыщIэхэмкIэ.
3 марта, 2025 - 06:30
Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм иджыблагъэ щекIуэкIа зэIущIэм щыхэплъэжащ 2024 гъэм яхузэфIэкIахэмрэ дызыхыхьа илъэсым къапэщылъхэмрэ.
3 марта, 2025 - 06:28
Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм иджыблагъэ щекIуэкIащ экстремизм, терроризм щIэпхъаджагъэхэм пэщIэтыным ехьэлIа зэIущIэ.
2 марта, 2025 - 09:35
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ академиер, Адыгэ Республикэм Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтыр, «Адыгэ Хасэ-Шэрджэс Парламент» адыгей жылагъуэ зэгухьэныгъэр зэщIыгъуу мазаем и 20 - 21-хэм ирагъэкIуэкIащ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымкIэ VII Дунейпсо зэIущIэ.
2 марта, 2025 - 06:25
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ Экономикэмрэ цIыхубэ шынагъуэншагъэмкIэ советымрэ Хабзэр хъума хъун папщIэ зэпыу имыIэу лажьэ зэзыгъэуIу гупымрэ я зэIущIэ. Абы къыщаIэтащ лъэпкъ проектхэм я гъэзэщIэкIэмрэ цIыхубэм я шынагъуэншагъэмрэ епха Iуэхугъуэхэр.
Страницы
|