Статьи на кабардинском языке

«Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр»

ТхакIуэ Мэржэхъу ФатIимэ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Сосрыкъуэ теухуа хъыбархэр» тхылъыщIэм и презентацэ иджыблагъэ екIуэкIащ. ЗэIущIэм кърихьэлIащ литературэр фIыуэ зылъагъухэр, егъэджакIуэхэр, студентхэр, щэнхабзэм и лэжьакIуэхэр. Зэхыхьэр щыхьэт техъуэрт Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я псэкупсэ щIэиныр хъумэнымкIэ литературэм мыхьэнэ ин зэриIэм. 

Нэхъыбэрэ зекIуэнущ, мылъкури зрагъэзэхуэнущ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц IэмалкIэ хэтащ УФ-м и Пра­вительс­твэм щIыналъэхэм зегъэужьынымкIэ и комиссэм и зэIущIэм. Ар иригъэкIуэкIащ вице-премьер Хуснуллин Марат. 

ЦIыхубэм удэгъуэгурыкIуэнырщ нэхъыщхьэр

Урысей парламентаризмэм и махуэр мэлыжьыхьым и ­27-м ягъэлъапIэ. Ар УФ-м и Президент Путин Владимир и уна­фэкIэ 2012 гъэм ягъэуващ. Махуэшхуэр тращIыхьащ Урысейм и тхыдэм щыяпэу, 1906 гъэм мэлыжьыхьым и 27-м, Къэ­рал Думэм лэжьэн зэры­щIидзам.

Гузэвэгъуэшхуэм дунейр къезыгъэлахэр

1986 гъэм мэлыжьыхьым и 26-м къэхъуа гузэвэгъуэм дунейр хуабжьу ихъуэжати, гъащIэр лъэхъэнитIу игуэша хуэ­дэт: «ипэкIэрэ» «иужь­кIэрэ». Чернобыль атом электростанцыр къыщыуам цIыхум и тхы­дэм нэхъ къэхъукъащIэ гузэвэгъуэ имыIауэ къалъытат - мин бжыгъэхэр абы ихьат.

ЛIакъуэхэр зэпызыщIэ

Адыгэ ныпым теухуа зэIущIэ купщIафIэ дыгъуасэ Лъэпкъ музейм щекIуэкIащ. Ар къызэригъэпэщащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм.

Къуэш зэрыгъэхъуащ, унагъуэкIи зэкIэлъокIуэ

«Акрополь» хьэщIэщым мэлы­жьы­хьым и 22-м щыпащащ ди щIыналъэм къыщагъэщIэрэщIэжа «Зэныбжьэгъугъэ» щIалэгъуалэ Iуэхум и зи чэзу Iыхьэм. Абы хэтыну щIалэхэм ящIы­гъуащ я Iыхьлыхэри.

Къэзан екIуу зыкъыщагъэлъагъуэ

Урысей Федерацэм тхэквондомкIэ (ГТФ, Олимп джэгухэм хэмыхьэ лIэужьыгъуэмкIэ) и чемпионатрэ пашэныгъэр къы­щыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэрэ Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ ди къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 66-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 2824-рэ. МахуихкIэ екIуэкIа зэIущIэм щызэхьэзэхуахэр щIэбэнащ УФ-м и командэ къыхэхам зэрызыхагъэхуэным.

ЛъэпкъгъэкIуэдыр къэлъытэн

1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку ­зауэшхуэм и илъэсхэм совет цIыхубэм къращIылIа лъэпкъгъэ­кIуэдым хэкIуэдахэм я фэеплъ махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Архив IуэхущIапIэм зэхуэс щекIуэкIащ. 

Библиотекэхэм я жэщ

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ Лъэпкъ къэрал библиотекэр жыджэру хэтащ мэлыжьыхьым и 18-м екIуэкIа «Библиотекэхэм я жэщ-2026» урысей­псо Iуэхум. Ар теухуауэ щытащ 2026 гъэр Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэ­тыныгъэм и илъэсу зэрагъэувам. Библиотекэм щагъэлъэгъуащ иджыблагъэ къыдэкIа тхылъхэр.

Зыужьыныгъэм и нэщэнэхэр

Пятигорск къалэм щызэхэтащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрийрэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ я зэIущIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке