|
Статьи на кабардинском языке
18 марта, 2025 - 06:03
2024 - 2025 гъэ еджэгъуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и курыт еджапIэхэм я пэщIэдзэ классхэм щIэс еджакIуэ 48576-р ерыскъы пщтырхэмкIэ пщIэншэу къызэрагъэпэщ. Абы нэмыщI, сабий 39-м щхьэхуэу яхуопщафIэ, я узыншагъэхэр ерыскъым зэрыхуэкIуэм тещIыхьауэ, къитащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм.
17 марта, 2025 - 11:06
Владимир областым хыхьэ Суздаль къалэм щекIуэкIащ УФ-м алыдж урым-бэнэкIэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэхэм ящыщу 57-м я спортсмен 1500-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 18-м щIимыгъуауэ.
17 марта, 2025 - 06:03
Къэхъун къуажэм дэт курыт еджапIэ №2-м иджыблагъэ зэIущIэ щхьэпэ щекIуэкIащ.
17 марта, 2025 - 06:01
КъБР-м и Правительствэм и Унэм дыгъуасэ щекIуэкIащ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и зэIущIэ.
17 марта, 2025 - 06:00
Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыхилъхьауэ, Адыгэ тхыбзэм и махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым зэгъусэу Iуэрытх щатх нэхъыжьи нэхъыщIи, цIыху къызэрыгуэкIи къулыкъущIи. ЦIыхухэр щызэхуос къалэ, къуажэ курыт еджыпIэхэм, библиотекэхэм.
17 марта, 2025 - 05:59
Бзэр лъэпкъым и псэщ, бзэр лъэпкъым и дамэщ, жаIэ. Ар пфIэкIуэдамэ, ущымыIэж пэлъытэщ. Ауэ ар къэбгъэIурыщIэмэ, лъагэу уиIэтынущ, уздынимыхьэсын щIыпIи щыIэжкъыми, дамэ щIэхъужыр аращ.
16 марта, 2025 - 09:25
ЦIыхум ищI гукъэкIыфIхэм щIэблэм я дежкIэ мыхьэнэшхуэ зэраIэм и шэсыпIэщ ар нэгъуэщIхэм къазэрыщыхъумрэ къызэращтэ щIыкIэмрэ. БлэкIам пщIэ хуэзыщI, абы щекIуэкIа Iуэхугъуэхэм ящыщу ныбжьыщIэхэр зыщыгъуэзэн хуейхэмкIэ лэжьыгъэ пыухыкIа езыгъэкIуэкI дэтхэнэми фIыщIэ хуэфащэщ, и жэрдэмхэми гъуэгу етыпхъэщ.
16 марта, 2025 - 06:03
Дзэлыкъуэ щIыналъэм хыхьэ Сэрмакъ къуажэм дэт Махуэ Дадушэ и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэр къызыхуэтыншэу зэрагъэпэщыжащ. 1983 гъэм яухуауэ щыта унэр къагъэщIэрэщIэжащ «Щэнхабзэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ икIи илъэс кIуам и кIэхэм абы и бжэр къызэIуихыжащ.
15 марта, 2025 - 09:25
Къэрал куэдым къыщыдэкI Nature щIэныгъэ журналым иджыблагъэ къытехуащ США-м и Калифорние штатым щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм ящыщ зым щылажьэ астрономхэм ди Галактикэм (Шыхулъагъуэм) и кум алъандэрэ зыхамыщIыкIа вагъуэ гъэщIэгъуэнхэр къызэрыщалъэгъуам.
15 марта, 2025 - 06:03
Урысейм и Уголовнэ-гъэзэщIакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм гъатхэпэм и 12-м ягъэлъапIэ я махуэр. Мы гъэм илъэси 146-рэ ирокъу ФСИН-р къызэрызэрагъэпэщрэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIэ щIыналъэ управленэр илъэсищэм щIигъуащ.
Страницы
|