|
Статьи на кабардинском языке
5 декабря, 2019 - 06:45
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и деж щыхьэщIащ Тыркум щыпсэу адыгэхэм къыдагъэкI «Жьынэпс» газетым и лэжьакIуэхэр.
Хьэжбэвыкъуэ Эрдогъан, Лий Гюл, Хьэжбэвыкъуэ Гъазми сымэ жаIащ газетыр илъэс 15 хъуауэ къызэрыдэкIыр, ар мазэ къэс зэ зэрагъэхьэзырыр, напэкIуэцIи 8 - 24-рэ хъууэ зэрызэхагъэувэр.
5 декабря, 2019 - 06:38
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ хэтащ икIи къыщыпсэлъащ Кавказ Ищхъэрэм ИнвестицэхэмкIэ щрагъэкIуэкI тхьэмахуэ лэжьыгъэм хиубыдэу Минводы къалэм къыщызэрагъэпэща «Кавказым инвестицэхэр хэлъхьэ» еплIа-нэ бизнес зэхыхьэшхуэм и пленар зэIущIэм.
5 декабря, 2019 - 06:34
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык къалэм щригъэкIуэкIащ сабийхэмрэ щIалэгъуалэмрэ я зэфIэкIхэр убзыхунымкIэ икIи абыхэм зегъэужьынымкIэ «Антарес» щIыналъэ центрым и попечительскэ советым и зэIущIэ. Абы центрым и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэр, еджакIуэхэр къызэрыхах щIыкIэр щаубзыхуащ икIи эксперт советым щылэжьэнухэр къыщыхахащ.
4 декабря, 2019 - 06:42
Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ Советым и зэIущIэр (иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIар) къыщызэIуихым, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир къытеувыIащ мыхьэнэшхуэ зиIэу къилъытэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэм: лъэпкъхэм я щэнхабзэр хъумэным, абы ехьэлIа къэрал политикэр гъэзэщIэнымкIэ IэщIагъэлIхэр щIыпIэхэм щыгъэхьэзырыным, я хэкур фIыуэ ялъагъуу щIэблэр къэгъэтэджынымкIэ егъэкIуэкIыпхъэ лэжьыгъэм,
4 декабря, 2019 - 06:38
ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм щэкIуэгъуэм и 28-м иригъэкIуэкIащ къэщIэрейхэмрэ гушыIэрейхэмрэ я «Джэгурэш» джэгу зэпеуэм и зи чэзу зэхыхьэгъуэ. Ар теухуат дунейпсо бэджыхъымрэ (Интернетым) ар ди гъащIэм къызэрыхэпшахъуэрэ зэрызытхъуэжамрэ.
4 декабря, 2019 - 06:34
Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм хыхьэ Теберда курорт къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Адыгэм и къэкIуэнур» фIэщыгъэр зиIэ зэхуэс. Къыхэгъэщыпхъэщ мыпхуэдэ Iуэху япэу зэхашэу зэрыщытыр. Ар къызэригъэпэщат Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щыIэ Адыгэ Хасэ - Шэрджэс Парламентым и щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм, КъШР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ, цIыхубэ коммуникацэмрэ печатымкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу.
3 декабря, 2019 - 07:02
Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Налшык къалэм къыщыкIуам «ДыгъафIэ къалэ» сабий академием щыIащ икIи конструктор, инженер ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм щыгъуазэ зищIащ. Къэралым и УнафэщIым и гъусащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников А. А., Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ К. В. сымэ.
3 декабря, 2019 - 06:56
Налшык къалэр Кавказ Ищхъэрэм и театр гъэлъэгъуапIэ нэхъыщхьэ хъуат иджыблагъэ. Кавказ Ищхъэрэм и лъэпкъ драмэ театрхэм щхьэкIэ ирагъэкIуэкI «Южная сцена» фестивалым хыхьэу, спектакль нэхъыфIхэр щагъэлъэгъуащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезы-хьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым, Налшык и къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм, Музыкэ къэрал театрым.
3 декабря, 2019 - 06:49
Ди газетым зэрытетащи, Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир Налшык къалэ щригъэкIуэкIащ УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр. Абы щыхэплъащ Урысей Федерацэм и къэрал лъэпкъ политикэм къигъэув къалэнхэмрэ Iуэхухэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум.
2 декабря, 2019 - 07:03
Налшык лэжьыгъэ IуэхукIэ къызэрыкIуам хыхьэ Iуэхухэм я кIэухыу, Путин Владимир IущIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Путин Владимир: Казбек Валерий и къуэ, къызжеIэт, республикэм сыт и псэукIэ?
Страницы
|