Статьи на кабардинском языке

ЩIэныгъэмрэ унагъуэмрэ

«Урысейм и егъэджа­кIуэ­хэр» урысейпсо форумым жыджэру хэтахэм ящыщщ ди университетыр. Къэрал псом щыщ IэщIагъэлIхэр абы щызэхъуэжащ цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтыным зегъэужьыным и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэу къалъы­тэ­хэмкIэ, егъэджакIуэхэм я ­зэ­фIэкIхэм хэгъэхъуэным, ­Iуэ­ху бгъэдыхьэкIэщIэхэр ­щIыналъэм и егъэджэныгъэ Iэ­натIэм щыхэпщэнымкIэ щы­­Iэ Iэмалхэм зэреплъымкIэ.

ГъэпцIакIуэхэм япэщIоувэ

ГъэпцIакIуэхэр куэд хъуащ ди зэманым. Псом хуэмыдэу телефонкIэ апхуэдэ мыхъу­мыщIагъэ зезыхьэ щIэпхъаджащIэхэм махуэ къэс япэщIохуэ цIыхубэр. 

ТекIуэныгъэ инхэм я лIыхъужьхэр

СурэтыщI гъуазджэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, гъэлъэ­гъуэ­ныгъэ гъэ­щIэ­гъуэн къы­щы­зэIуахащ, «Героям вели­ких побед посвящается» ­фIащауэ. Абы утыку къыщ­рахьа Iэдакъэ­щIэкIхэр, ­къанэ щымыIэу, езы IуэхущIапIэм и гъэтIылъыгъэхэм ящыщщ. 

ДыщогуфIыкI икIи дрогушхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и ми­нистерствэм блыщхьэ кIуам щрагъэблэгъащ Ярыгин Иван и Кубокыр къэхьыным хуэунэтIауэ Красноярск къалэм щекIуэкIа зэ­хьэзэхуэм къыщыхэжаныкIа, килограмм 74-рэ зи хьэлъагъхэм я деж нэхъапэм къэмы­хъуауэ япэ увыпIищыр щызыубыда БищIо Тимур, ЗэкIуий Анзор, Шэрий Иналбэч (сурэтым) сы­мэрэ я тренерхэмрэ.

Хэкум и хъумакIуэхэм я фэеплъ пхъэбгъухэр

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и къуажэ курыт еджапIэхэм фэеплъ пхъэбгъухэр щыхуфIадзащ Хэкум и хъума­кIуэхэм.

«Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» фестивалым

КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым мазаем и 8-м щекIуэкIащ «Си лъахэ - Къэбэрдей-Балъкъэр» республикэ фестиваль-еп­лъы­ныгъэр зэрызэхуащIыж концертыр. Ар трау­хуащ Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэ­къуэтыныгъэм и илъэсым. 

ЩIэныгъэм и тхьэмахуэр - КъБКъУ-м

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым блэкIа тхьэмахуэр хуабжьу купщIафIэу щекIуэкIащ. Мы тхыгъэм къыщызэщIэткъуэжынщ а махуэхэм къриубыдэу зэхэта зэхуэсхэм ящыщу нэхъ гъэщIэгъуэну щытахэр. 

Тезырхэр щрахьэкI щIыпIэм

Урысей ФСИН-м и управ­ленэу КъБР-м щыIэм щы­зэхалъ­хьэжащ 2025 гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэр. 

ЩIыналъэхэм щыIэ псэукIэм теухуауэ

Правительствэм и Унэм щекIуэкIащ «КъБР-м и муниципалитетхэм я зэгухьэныгъэм» и советым и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ зэгухьэныгъэм и правленэм и унафэщI Пэнагуэ Максим. ЗэIущIэм къыщаIэтащ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэр, щагъэбелджылащ къалэхэмрэ районхэмрэ псэу­кIэр щрагъэфIэкIуэн папщIэ зытетыну мардэхэр.

Жылагъуэм хагъэзэгъэж

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «комитетым хухах сы­хьэтым» хыхьэу, депутатхэр щедэIуащ УФ-м тезырхэр егъэпшынынымкIэ и федеральнэ IэнатIэм и управленэу КъБР-м щыIэм 2025 гъэм иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм. Ар и жэрдэмт Жылагъуэ шынагъуэншагъэмрэ Iулъ­хьэм пэщIэтынымкIэ комитетым. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке