ШЫФIЫР ЛIЫГЪЭМ И НЫКЪУЭЩ

ЦIыхум шыр унагъуэ псэущхъэ щищIар ди лъэхъэнэм ипэкIэ е 3-нэ илъэс минрауэ хуагьэфащэ.

Ди лъэпкъым и гушхуапIэ нартхэр щыщыIа зэманым шымрэ цIыхумрэ пхузэкIэрымыхыжын зэхуэхъуагъэххэт. Шы лъэпкъ къэгъэщIынкIи, а псэущхъэ угъурлыр  зехьэнымкIи гъэсэнымкIи IэмалыфIэ хъуагъэххэт.

Адыгэхэм апхуэдизкIэ я гумрэ я псэмрэ хыхьат а псэущхьэ дахэр, щхьэпэри, абы фIащащ я анэ къадилъхуахэм я цIэр — «шы» (къуэш, шыпхъу, анэш). Адыгэхэм къинэмыщIауэ, лъэпкъ дунейм тету къытхуэгъуэтакъым а псэущхьэр апхуэдэу ягъэлъэпIауэ. Аращ иригушхуэу ди лъэпкьым жезыгъэIари: «Адыгэшрэ адыгэлIрэ». А тIур зэгуэпх мыхъуну ялъытэрт, адыгэлIым и шыр фIэкIуэдамэ, - и щIэльэныкъуэр гуэхуауэ арат. ЖаIэж адыгэлIым и уанэшыр щыфIадыгъум и нэ лъэныкъуэр ирищIыжауэ, ар щащIэм зэримылъэгъуам папщIэ.

Адыгэхэр апхуэдизкIэ шым хуэсакъыу, хуэщабэу щытти, адыгэ щIопщым и кIапэм, шым ил имыгъэузын папщIэ фэ щэбабзэ (банифэ) е щэкI Iув падэрт. Адыгэ шумкIэ щIопщыр зэраху Iэмэпсымэтэкъым, атIэ шу фащэ къудейт. Щууейм и шым щIопц уэгьуэ ирихамэ, ар къызэрымыкIуэ къэхъугъэ ящыхъут.

Нэхъапэ дыдэ адыгэ шууейхэм урыс офицерхэм я шырыкъухэм фIэлъ шыгъэцIывыр щалъэгъуам, езыхэр укIытауэ щытащ яшхэм щхьэкIэ, апхуэдизкIэ ар икIагъэ къащыхъуати.

Шым ехьэлIауэ адыгэхэм хабзэшхуи зэрахьащ, къызэрымыкIуэ щIэныгъи ябгъэдэлъащ. Аращ лIакъуэ къэс езым и шы льэпкъ бжыгъэ иIэжу щIыщытари.

Шэч хэлъкъым, илъэс мин бжыгъэу адыгэхэмрэ шымрэ къызэдакIуам и кIуэцIкIэ шы лъэпкъ куэди къызэрыхъуам, Iэджи щIым зэрытекIуэдыкIыжам.

Мифологием хыхьэжу нартхэм яIащ шы лъэпкъ алъпыр. ЗэкъуэшитI Уэзырмэсрэ Хъымыщрэ я адэ Пызгьэщи, Къанж и адэ Дэбэчи, Щокъан и адэ Нэсрэн ЖьакIи зытесахэр алъпщ. IуэрыIуатэм зэрыжиIэмкIэ, Бадынокъуи, Къанж и къуэ Щэуеи, Бэтрэзи зытесахэр тхы IупщIэ лейрэ дзажэналъэ лейрэ зыхэльа алъпхэт. Сосрыкъуэ и Тхъуэжьейр чынт зауэлIым къытрихат. Апхуэдэу щыщыткIэ, а чынтхэри шы хъунрэ гьэсэнрэкIэ армуакъым.

Нартхэм яшхэм фIащу щыта цIэхэу эпосым кьыхощ мыпхуэдэхэр: Фэехъу, ПщIэгъуалэ КIэупс, ЕркIагуэ, ЕркIуцэ, Пэхужь, Iущэ, ТхъуэкъарапцIэ, БлапцIэ, Щхьэгъур, Джэмыдэжь, ПщIэгъуалэ, Тхъуэжьей, КьарапцIэ, ПцIэгъуэплъ, Псыгъуэ, Бланащхъэ, КIыхь, КIэщI, ЦIыкIу, Гъуэ, нэгьуэщIхэр.

Ди лъэпкъхэр (адыгэхэр, абазэхэр, абхъазхэр) къызытекIыжа хьэтхэм шыр щIащIэу щытащ кьыутанхэм иту зэрызауэу щыта зауэ ry шэрхъитIхэм (боевая колесница). Ахэм щIэщIат шитI, кьыутанми зауэлIу зы е тIу итт, зыр шабзэкIэ бийм яхэуэу, адрейм шыхэр зэригъакIуэу.

Ауэ ди нарт эпосым зыщIыпIи дыщрихьэлIакъым шы щIащIэу щытауэ къыхэщу.

Илъэс бжыгъэ куэдкIэ узэIэбэкIыжми, Синд къэралыгъуэр щыщыIами, мыуэтIхэм, зиххэм, къуэсэгъухэм (касогхэм), нэгьуэщI адыгэ лIакъуэхэми я зэманхэм хэплъагъуэркъым шыр щIащIэу щытауэ. Арагьэнщ ди лъэпкьым щIимыIэр шыр зэрыщIащIэ Iэпслъэпсхэм я цIэхэр езым ейуэ. Адыгэхэм шыр щIащIэу щаублар урысхэм нэхъ яхыхьэ-яхэкI щыхъуаращ.

Адыгэ Xэкyp ижь лъандэрэ къэзыухъуреихь ди гъунэгъу тэтэр-тырку лъэпкъхэм сыт щыгъуи шылыр яшх пэтми, шыщIэр я нэхь хьэщIэныш лъапIэу щытми, ди лъэпкъым зэи шыл ишхакъым, а псэущхьэр и къуэшу илъытэрти.

ЩыIащ а шылышх лъэпкъхэм я гъунэгъуу псэууэ е яхэсыпэурэ ядэплъея адыгэ гуэрхэри шыл яшхыу е тэтэр-тырку лъэпкъыу адыгэхэм яхэшыпсыхьыжахэм ящыщщ (а я лъэпкъ хабзэжьыр яIэщIэмыхуауэ).

Шы зехуэнымрэ зехьэнымрэ хуабжьу хуэIэзэу щытащ ди лъэпкъыр. Абы щыхьэт тохъуэр ижь лъандэрэ адыгэхэм къакIэлъыплъахэм я IэдакъэщIэкIыу къызэранэкIа тхылъхэр. Ахэм зэратхымкIэ, е I0-нэ лIыщIыгъуэм къыщыщIэдзауэ шыудзэ зауэкIэ адыгэхэм къапэувыф щыIакъым.

Сыт хуэдэ гузэвэгъуэ адыгэлIым темылъами, иужькIэ шыуэ щыгугъыжмэ, зэи жэщ-махуэ зэпыту игъэмэжэлIэнутэкъым, иджыри и шым ихьыпу щытми, къэувыIэрти, жьы урыхьэгъуэ иритт, шы ныбэпххэр игъэлалэрти. Шыр лъагэу епхауэрэ щIэгъущыхьа нэужь уанэр трихт, уанапIэр удз IуэнтIакIэ илъэщIт, псы иригъафэрти, итIанэт щигьэхъуакIуэр. ЩыгъуэгурыкIуэм деж шыр псы иригъафэртэкъым, гъуэгу икIужыну фоч yэгъуитI къыхуэмьнэжауэ (фочым и шэр здынэсракъым, и макъыр здэIурщ фоч уэгъуэ жыхуаIэр).

Жэщым зызыгъэпсэхуа шым шэсу зэуэ ирищIэпхъуэртэкъым, зы фоч уэгъуэкIэ лъэбакъуэ защIэкIэ кIуэрт, шым ишхар и лъатэм икIыу и кIэтIийхэм ихьэн папщIэ. Шур къэувыIэху и шыр епхъухыурэ удз цIынэм емыIэн папщIэ, адыгэхэм къагупщысащ уанэ зытель шыр уанэ къуапэ къуаншэ ящIурэ яутIыпщу (шыр лъагэу здеппх хъун здимыIэхэм). Ар — шхуэмылакIэр зы лъэныкъуэмкIэ ешэкIауэ икIэмкIэ щыIэ уанэкъуапэм фIадзэрти, шыр икIи еIэбыхыфтэкъым, икIи занщIэуи кIуэфтэкъым и пщэр щIэIуэнтIати, зигъэджэрэз мыхъумэ жыжьэ IукIыфынутэкъым. (Уанэкъуапэ пхэнжи жаIэ).

Адыгэхэр шыбз шэс щыхъуар совет властыр зэфIэувэу хабзи-бзыпхъи зэхатхъуэжа нэужьщ. «Фыз утесу дауэ къэпкIухьын'?» — жаIэрти, шыбз ягъасэртэкъым, лъхуэпIэуэ зэрахуэ нэхъ.

Езым и шы лъэпкъ зиIэ дэтхэнэ пщыри ткIийуэ кIэлъыплът и дамыгъэр зыхуэмыфащэ шы трамыдзэным е нэгъуэщIым къимыгъэсэбэпыным.

Адыгэхэм куэду шы ящэу щытащ, ауэ а ящэм зэи хагъахуэртэкъым шыбзи хакIуи, ящэр алащэ защIэт. Адыгэшыр ящэхут ди гьунэгъу лъэпкъхэм къинэмыщIу Урысейми, Кърымми, Молдавиеми, Польшэми. Зи щхьэ пщIэ хуэзыщIыжу урысыдзэм хэт дэтхэнэ офицерми и шэщым адыгэш щIэтын хуейэ илъытэрт.

Адыгэхэм шыр шэщым щаIыгъыу щытакъым. Хъуэт хъуми, жьыугъуэджэ гуэр къыхуагъуэтурэ гъэмахуэми щIымахуэми хъупIэм щаIыгът, уэсыр кууми, фIалъэ лъакъуэхэмкIэ мылыф къыщIагъэщурэ хъуакIуэрт. МэкъукIэ щадэIэпыкъур Iумылу щIы щхьэфэр щытещтыкIым дежт. Адыгэхэр урысыдзэм къимыкъузауэ я хъупIэхэр хуиту щаIыгьам бжьыхьэкIэ, щIымахуэ мазэхэм шыхэр щагъэхъут цIыху здимыс, псы ежэххэр здэмащIэ тафэхэм. Шэщым щаIыгъыу, Iус зрату шыхэм яхэтыр уанэшхэмрэ хакIуэхэмрэт. Псом хуэмыдэу, жэщкIи-махуэкIи зэрыжаIэу, я Iэ зыкIэрымыкIыр я уанэшхэрат.

Адыгэ уанэшыр гъэсэным илъэс ныкъуэм щIигъу ихьт, махуэ къэс абы елэжь щIалэм ищIапхъэхэр гъэнэхуауэ, махуэ псом абы фIэкIаи Iуэху имыщIэу. Шыри игъасэрт, игъэхьэзырт, езыми къарукIэ зипсыхьт. Апхуэдэ шы гъэсэкIэр шырэ Iэщрэ я Iэмал фIыуэ зыщIэ лIыжьхэм я нэIэм щIэтут зэрекIуэкIыр.

Адыгэшхэр къызэрымыкIуэу бэшэчт, зейм хуэщыпкъэт. Куэдрэ зауэхэм къыщыхъут тесыр къауIэу къехуэхамэ, шыр бгъэдэгъуалъхьэу, къарууншэ хъуа зауэлIым уанэгур иригъэгъуэтыжын папщIэ. УIэгъэм ар хузэфIэмыкIмэ е дзапэкIэ и бгырыпхыр къиубыдти къыIуихт, е жэщым кIэлъигъэзэжт…

 

Шэрджэс Алий. «Адыгэхэмрэ ахэм я хабзэхэмрэ».

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.