КIЭЛЪЫПЛЪЫНЫГЪЭР ЯГЪЭТКIИЙ

Урысей Федерацэм и Про­курор нэхъыщхьэм и къуэдзэ ­Кикоть Андрей кърихьэлIэу, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Респуб­ликэм и прокуратурэм и коллегие екIуэкIащ. Абы щызэхалъ­хьэжащ 2022 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэр.

ЗэIущIэм хэтащ республи­кэм и прокурорым и къуэдзэхэр, республикэ прокуратурэм и аппаратым и къудамэхэм я уна­фэщIхэр, къалэхэмрэ районхэм­рэ я прокурорхэр, прокуратурэм и оперативнэ лэжьакIуэхэр.
КъБР-м и прокурор Хабаров Николай зэIущIэр къыщызэIуихым къытеувыIащ хабзэм тетын и лъэныкъуэкIэ щIыналъэм щы­Iэ щытыкIэм, ар зэпIэзэрыту  къызэгъэпэщынымкIэ ­прокурор кIэлъыплъыныгъэм иIэ мыхьэ­нэм.
Республикэм и прокуратурэм и лэжьыгъэм и унэтIыныгъэхэр Урысей Федерацэм и Прокурор нэхъыщхьэм игъэува къалэнхэмрэ республикэм и социально-экономикэ щытыкIэм кърикIуахэмрэ елъытауэ зэраубзыхуар къыхагъэщащ.
Кикоть Андрей коллегием кърихьэлIахэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ цIыхухэм лэжьэну яIэ хуитыныгъэм, абыхэм IэнатIэ ­ягъуэтыным, сабий зеиншэхэр псэупIэкIэ къызэгъэпэщыным, ­экологием ехьэлIа хабзэр, дыкъэзыухъуреихь щIыуэпсым ­игъуэта хэщIыныгъэр гъэзэкIуэжыныр хыхьэу, гъэзэщIэным про­курорхэм гулъытэ нэхъыщхьэ хуащIын зэрыхуейр.
Абы тригъэщIащ кIэлъыплъыныгъэ лэжьыгъэм япэ щигъэщыпхъэхэм. Абыхэм ящыщщ цIыхухэр жьы дыдэ хъуа псэупIэхэм къыщIэгъэIэпхъукIынымрэ фэтэр куэду зэхэт унэхэр къызыхуэ­тыншэу зыхуей хуэгъэзэнымрэ, къемызэгъ пхъэнкIий идзыпIэхэр гъэ­сеижынымкIэ лэжьыгъэр и кIэм нэгъэсыныр, властым и ор­ганхэм суд унафэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъыплъыныр, террорым щы­хъумэнымрэ экстремизмэм пэщIэтынымрэ къызэгъэпэщы­ныр.
Кикоть Андрей апхуэдэуи гу лъаригъэтащ щIэпхъаджагъэм, к­оррупцэм пэщIэтынымкIэ прокуратурэм и лэжьыгъэр Iэмал имыIэу щIэгъэхуэбжьэн зэрыхуейм.
Коллегием и лэжьыгъэм кърикIуахэр зэхалъхьэжри, респуб­ликэм и прокуратурэм и кIэлъыплъыныгъэ лэжьыгъэр егъэ­фIэ­кIуэным хуэунэтIа Iэмалхэр къыщыгъэлъэгъуа унафэ къащтащ.

 

Къан Мырзэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.