НОБЭМИ ДЭРЭЖЭГЪУЭ КЪОЗЫТ ЗЭПЕУЭХЭР

Ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэ­хэм шыгъажэр яфIэфIщ. Нобэми ар зыхалъхьэ зэрыщымыIэр и щыхьэтщ щэбэт кIуам Налшык и ипподромым щекIуэкIа зэпеуэхэр – абыхэм еплъыну цIыху куэд дыдэ кърихьэлIат.

Шууейхэр япэу щIызэпеуа саугъэтыр ягъэуват нэхъапэм ехъу­лIэныгъэ инхэр иIэу къэралым и ипподромхэм зыкъыщызыгъэ­лъэ­гъуа Гонор шым и цIэкIэ. И ныбжьыр илъэсрэ ныкъуэрэ ­хъууэ ар Днепропетровск облас­тым къыщищэхури Чёрнэ Речкэ ­къуажэм щызэхэт «Ленинский путь» колхозым зыIэригъэхьат икIи 1984 гъэм щыщIэдзауэ зэ­хьэзэхуэ инхэм хигъэтащ. «Пробный», «Летний», «Большой Спринтерский», «Критериум», «Гранит», нэгъуэщI зэпеуэхэм мы­зэ-мытIэу щытекIуащ. Абы и ехъулIэныгъэхэм къытезыгъэзэжыфа иджыри къыздэсым ди республикэм къихъуакъым. Го­нор и саугъэтым теухуа зэхьэ­зэхуэхэр Налшык и шыгъэжапIэм илъэс 30 хъуауэ щокIуэкI икIи ар дэрэжэгъуэ ин къозыт Iуэхугъуэ дахэщ.
Мыгъэрей къызэдэжэм хэтахэм ефIэкIащ Гадисов Щамил и Гражданин шыр. Ар мастер-тренер Къардэн Алик и бом ­щаIыгъщ, мастер-жокей Къашыргъэ Залым къегъажэ. Илъэсищым щIигъуа шыхэм метр 1200-р къыщызэпачым абы къыпэхъун къахэкIакъым.
Спорт журналистым и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ ягъэува сау­гъэтми хуабжьу иризэныкъуэкъуащ. Метр 3000 гъуэгуанэм хэт щынэхъ жэрми щызэхагъэкIащ илъэсищ зи ныбжьхэм. Абы пашэныгъэр щиубыдащ Сиди Бой шым. Ар ехъулIэныгъэм хуа­гъэ­кIуащ тренер-жокей Мэзыхьэ Хьэ­чимрэ шууей Биджиев Далимрэ.
Шыгъажэ махуэм и саугъэт нэхъыщхьэм илъэситI зи ныбжь шыхэр къыщызэдэжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, метр 1200-р къызэпызычар шитI къудейщ. Абы щытекIуащ «Iуащхьэмахуэ» шы спорт клубым и Аксессыр. Ар къигъэжащ Каппушев Магомед, мастер-тренерыр Ало Эдуардщ. Зэхьэзэхуэм нэхъыбэ хэтами Аксесс шыр зэрыщытежынум шэч къытезыхьэр мащIэт.
КъыкIэлъыкIуэ шыгъажэр Налшык и ипподромым тхьэмахуэ дэкI­мэ щызэхэтынущ. Бадзэуэ­гъуэм и 17-м абы къызэхуишэсынущ ди щIыналъэм и шы нэхъыфIхэр.
 

Къаудыгъу Заур.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.