Статьи на кабардинском языке

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ КъБР-м Наркотикхэм япэщIэтынымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ

КъБР-м и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Правительствэм и Унэм иджыблагъэ щригъэ­кIуэкIащ Къэбэрдей-­Балъкъэр Республикэм Нар­котикхэм япэ­щIэ­ты­нымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ.

Республикэм и бюджетым хэплъэн щIадзэ

КъБР-м законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и президиумым и зи ­чэзу зэIущIэр иригъэкIуэкIащ респуб­ликэм и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ. Абы Iуэху зэмылIэужьы­гъуэу блыщIым щIигъум щыхэплъащ.

КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и зэIущIэм

Урысей Федерацэм и Вице-премьер Мутко Виталий Москва щригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Правительствэм  щIыналъэ зыу­жьыныгъэмкIэ и комис­-сэм и зэIущIэ. Абы хэтащ Къэбэрдей-     Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

ЗэгурыIуэр мэунэ

Аушыджэр къуажэм иджы­благъэ щызэIущIащ Хъуэт, ­Токумаев, Шыкъ, Левкин лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зэрырагъэ­фIэ­кIуэну щIыкIэм.

Лъэпкъым и къуэ пэж

Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щэбэт кIуам нэщхъея­гъуэ пэкIу щызэхэтащ. ЦIыхухэр къы­зэхуэсат Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, КъБР-м и Къэрал филармонием и симфоние оркестрым и дирижёр нэхъыщхьэ Темыркъан Борис дунейм зэрехыжар ягу щIыхьауэ.

Кавказ Ищхъэрэм нэхъ хуэлъэ уз зэрыцIалэхэм топсэлъыхь

Жэпуэгъуэм и 12-м КъБКъУ-м щекIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэ щIы­налъэм хуэлъэ уз зэрыцIалэ­хэм» ­ятеухуа щIэныгъэ-практикэ ­зэ­IущIэ. Абы кърихьэлIат ди гъунэгъу щIыналъэхэм я лIыкIуэ 200-м щIигъу.

ТЕМЫРКЪАН Борис Хьэту и къуэр

Къэбэрдей-Балъкъэрым хэщIыныгъэш­хуэ игъуэтащ. Куэдрэ сымэджа нэужь, 2018 гъэм жэпуэгъуэм и 25-м и ныбжьыр илъэс 82-м иту дунейм ехыжащ совет, урысей дирижёр, композитор, Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыщ музыкант Iэзэ, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ Темыркъан Борис Хьэту и къуэр.

КIуэкIуэ Казбек зи щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуа цIыхухэм щаIущIащ УФ-м и Президентым цIыхухэм щахуэзэ и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм

Иджыблагъэ КIуэкIуэ Казбек зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIа цIыхухэм щахуэзащ Урысей Федерацэм и Президентым цIыхухэр щрагъэблагъэ и IуэхущIапIэу Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм.

КIуэкIуэ казбек хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м 2018 гъэм и япэ мазибгъум зэфIигъэкIа лэжьыгъэм кърикIуахэм ятеухуауэ коллегием иригъэкIуэкIа зэIущIэм

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къа­лэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр хэ-тащ КъБР-м щыIэ МВД-м 2018 гъэм и япэ мазибгъум зэфIигъэкIа лэжьыгъэм къри­кIуа­хэмрэ адэкIэ къапэщыт къалэнхэмрэ ятеухуауэ коллегием иригъэ­кIуэк­Iа зэIущIэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке