Статьи на кабардинском языке

Гъуащхьэтет гъуэзэджэхэу Щоджэн зэкъуэшхэр.

Гъуащхьэтетыр IэнатIэ нэхъ гугъу дыдэхэм, жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъхэм сыт щыгъуи хабжэ. Абы и джэгукIэм къанэ щIагъуэ щымыIэу елъытащ дэтхэнэ гуп зэпэщIэтыныгъэми кърикIуэнур. Адрейхэм я щыуагъэхэр нэгъуэщIхэм ягъэзэкIуэжыфынуми, гъуащхьэтетым ейр ухэзыгъащIэщ икIи а къалэным тегушхуэр закъуэтIакъуэщ.

Зыужьыныгъэм и гъуэгум тету.

Ди гуапэ зэрыхъущи, ди республикэм гулъытэшхуэ щегъуэт хъыбарегъащIэ технологие пэрытхэм, бжыгъэр зи лъабжьэ Интернетым зегъэужьыным. А унэтIыныгъэхэр зи пщэрылъ министерствэ щхьэхуи къыщызэрагъэпэщауэ ­щолажьэ ди щIыналъэм. Къэрал къулыкъущIапIэщIэм зэфIиха япэ Iуэхугъуэхэм ящыщщ псынщIагъышхуэ зиIэ Интернет курыт школхэм яIэну Iэмал етыныр.

Бэлагъы Къантемыр аргуэру зы саугъэт къехь.

Налшык щыщ режиссёр щIалэ Бэлагъы Къанте­мыр теухуа хъыбары­щIэ­хэм язщ нэхъ пасэу зи гугъу тщIа «Дылда» («КIы­хьсолэ») фильмым иджы США-м хыхьэ Палм-Спрингс къалэм ще­кIуэкIа дунейпсо фес­ти­валым FIPRESCI саугъэ­тыр къызэрыщихьар.
«ХАМЭ къэралыбзэкIэ ягъэува фильм нэхъыфI дыдэ» унэтIыныгъэрщ мы­зыгъуэгу Къантемыр и лэ­жьыгъэр къыщыхагъэщар.

Печатым и махуэр ягъэлъапIэ.

Урысей печатым и махуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и журналистхэр щагъэлъэпIащ Налшык къалэм дэт Печатым и унэм.
ХъыбарыщIэхэр цIыхубэм я деж нэзыхьэс IэщIагъэлIхэм ехъуэхъуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ ­Къумахуэ Мухьэдин.

Уэрэд шабзэпсыр зи псэфылъэ.

Урысей Федерацэм, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Дагъыстэным я цIыхубэ артист Тут Заур 1976 гъэ лъандэрэ Москва къалэм ­щолажьэ. Гнесинхэ я цIэр зезыхьэ музыкэ академиер къиухащ. Союзпсо, Урысейпсо зэпеуэхэм я лауреатщ. Совет Союзым хэта республикэхэм я мызакъуэу, Бельгием, Германием, Израилым, Индием, Иорданием, Италием, Польшэм, Словакием, Словением, США-м, Тыркум къыщацIыху.

Жыджэру лъы ят.

Урысей гвардием КъБР-м щиIэ ­къудамэм и дзэ часть щхьэхуэм «Наш дар во имя жизни» фIэ­щыгъэр иIэу лъы яту псапащIэ Iуэху щхьэпэ илъэсыщIэм и пэ къихуэу щрагъэкIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ щIыналъэ къудамэм и уна­фэщI­хэмрэ Лъы щат республикэ станцымрэ зэгъусэу.

Махуэшхуэ пшыхь.

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм щиIэ дзэ округым уэрэдымрэ къа­фэмкIэ и ансамблым ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт кадет школым махуэшхуэ концерт щитащ.

Бзэм, щIэблэм, лъэпкъым гулъытэ хэха хуащI.

Ди газетым зэрытетащи, дыгъэгъазэм и кIэм Налшык ще­кIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Ха­сэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэзу зэIущIэ. Абы хэтащ ­Тырку, Иордание, Израиль, Сирие, Ливан, Абхъаз къэралыгъуэ­хэм, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр рес­публикэхэм, Ставрополь, Краснодар щIыналъэхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.

Бзэрабзэ, си адыгэбзэ!

Егъэджэныгъэ и лъэныкъуэкIэ къэ­ралым къигъэув стандартыщIэм тету Налшык къалэм егъэ­джэныгъэмкIэ и департаментым лъэпкъыбзэхэр егъэ­джы­нымкIэ и къудамэм къы­зэригъэпэщауэ къалэ кIуэцIым щыIэ сабий садхэм адыгэбзэкIэ семинархэр щрагъэкIуэкI. Зи чэзу Iуэхур иджыблагъэ щызэхэтащ прогимназие №41-м.

Театрым и илъэсыр.

2019 гъэр, фызэрыщыгъуазэщи, Урысейм и Iэтащхьэм и унафэкIэ Теат­рым и илъэсу ягъэувауэ щытащ. Абы хыхьэу Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр ди къэралым и щIыналъэ псоми, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэми, щекIуэкIащ. Ахэр къыщызэщIакъуэжри, илъэ­сыр Iэтауэ щызэ­хуащIыжащ Налшык дэт Музыкэ театрым и пэ­шышхуэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке