Кавказ Ищхъэрэм нэхъ хуэлъэ уз зэрыцIалэхэм топсэлъыхь

Жэпуэгъуэм и 12-м КъБКъУ-м щекIуэкIащ «Кавказ Ищхъэрэ щIы­налъэм хуэлъэ уз зэрыцIалэ­хэм» ­ятеухуа щIэныгъэ-практикэ ­зэ­IущIэ. Абы кърихьэлIат ди гъунэгъу щIыналъэхэм я лIыкIуэ 200-м щIигъу.

ХьэщIэхэр къригъэблагъэу, кърахьэжьа Iуэху дахэм щIэныгъэ щхьэпэ къыхахыну конференцым хэтхэм ­хъуэхъукIэ захуигъэзащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат.
«Зи IэщIагъэм фIыуэ хэзыщIыкI, илъэс куэд щIауэ абы ирилажьэ, щIэныгъэшхуэ зыбгъэдэлъ дохутырхэр щызэIущIэ зэхуэсхэр щхьэпэщ. Абыхэм Iэмал къуат щIэуэ щыIэм теу­хуауэ узэчэнджэщыну, щIыналъэм къы­пэщыт къалэнхэр пыухыкIауэ къыбгурыIуэну. Конференцыр зытеу­хуар уз зэрыцIалэхэм еIэзэ ди доху­- тырхэр махуэ къэс зыхэт Iуэхухэрщ. Абы ехьэлIауэ дохутыр куэд къыщып­сэ­лъэнущ мы зэIущIэми, согугъэ мыбдеж къыщыфщIэну псори къыф­хуэщхьэпэну», - къыхигъэщащ министрым.
Конференцым щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэмрэ Ипщэ федеральнэ щIыналъэмрэ нэхъ яхуэлъэ уз зэрыцIалэхэр къызыхэкIымрэ абыхэм зэрызауб­гъумрэ ахэр къэмыхъеин папщIэ цIыху­хэм ехьэлIэн хуей хущхъуэхэм,  гепатит ­С-мрэ герпесымрэ зэреIэзэ щIыкIэм щIэуэ къыхыхьам.
ЗэIущIэр къызэрагъэпэщащ  УФ-мрэ ­КъБР-рэ Узыншагъэр хъумэнымкIэ я министерствэхэм, СПИД-мрэ уз зэ­рыцIалэхэм япэщIэтынымкIэ КъБР-м  и IуэхущIапIэм, КъБКъУ-м медици­нэмкIэ и къудамэм, инфекционистхэм я щIыналъэ зэгухьэныгъэм, нэ­гъуэщI­хэми.

 

КъБКъУ-м и хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.