КIуэкIуэ Казбек зи щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуа цIыхухэм щаIущIащ УФ-м и Президентым цIыхухэм щахуэзэ и IуэхущIапIэу КъБР-м щыIэм

Иджыблагъэ КIуэкIуэ Казбек зи щхьэ IуэхукIэ къекIуэлIа цIыхухэм щахуэзащ Урысей Федерацэм и Президентым цIыхухэр щрагъэблагъэ и IуэхущIапIэу Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэм.

Республикэм и район зэмылIэужьы­гъуэхэм къикIахэм къаIэтащ псэупIэ Iуэхухэр егъэфIэкIуэным, гузэвэгъуэ хэхуа унагъуэхэм ядэIэпыкъуным, гууз хьэлъэ зиIэ сабийм къэралым и медицинэ центр нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщ зым къыщеIэзэн папщIэ гъэкIуэным япыщIа Iуэхухэр.
Абыхэм япкъ иткIэ КIуэкIуэ К. В. гъэ­зэщIакIуэ властым и органхэм пщэ­рылъ пыухыкIахэр яхуигъэуващ. ЗэIу­щIэм къыщаIэта лъэIухэмрэ тхьэусыхафэхэмрэ яхуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэр езыр кIэлъыплъынущ.
ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Канунников В. А.

 

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэмрэ Прави­тельствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ