Лъэпкъым и къуэ пэж

Налшык дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм щэбэт кIуам нэщхъея­гъуэ пэкIу щызэхэтащ. ЦIыхухэр къы­зэхуэсат Урысей Федерацэм и цIыхубэ артист, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ, КъБР-м и Къэрал филармонием и симфоние оркестрым и дирижёр нэхъыщхьэ Темыркъан Борис дунейм зэрехыжар ягу щIыхьауэ.

«Борис Хьэту и къуэм и Iыхьлыхэм ­сахуогузавэ, дэ ар дигу къинащ цIыху щыпкъэу, псэкIэ къулейуэ. Ар и хэку цIыкIуми Урысеишхуэми и къуэ пэжу ­дунейм тетащ», - жиIащ пэкIур къыщы­зэIуихым КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
«Абы и пщIэр зыIэтар бгъэдэлъа зэ­чиймрэ цIыху щыпкъэу зэрыщытамрэщ. Дэ ар сытым дежи дигу илъынущ икIи абы дызэрыхуэфэщэным дыхущIэкъунущ», - къыпищащ КIуэкIуэм.
ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэ Зумакулов Борис жиIащ Темыркъаныр дунейм зэрехыжар Москва дунейпсо зэIущIэм хэту зэры­щызэхихар.
«Зы дакъикъи сымыгупсысэу Налшык сыкъэлъэтэжащ си ныбжьэгъум сыIуплъэжыну», - жиIащ абы. Зумаку­ловым къыхигъэщащ Темыркъаным республикэм и пащхьэ къыщихьа фIы­щIэр зэ­ры­иныр, зэман гугъухэм симфоние оркестрыр ихъумэн зэрылъэкIар икIи дыщIи­гъуащ Борис и цIэр оркестрым фIащыныр захуагъэу къызэрилъытэр.
Адыгэ лъэпкъым цIыху щэджащэ зэрытхэщIар и псалъэм къыхигъэщащ АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, УФ-м я Къэрал саугъэтхэм я ­лауреат МэшбащIэ Исхьэкъи (Мей­къуапэ).
Темыркъан Борис Хьэту и къуэр иужь­рей гъуэгуанэм трагъэувэжащ республикэм и къалэхэм, районхэм, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Къэрэшей-Шэрджэсым къикIа цIыху щэ бжыгъэхэм.
 

Дохъушокъуэ Синэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.