Аушыджэр къуажэм иджыблагъэ щызэIущIащ Хъуэт, Токумаев, Шыкъ, Левкин лъэпкъхэм я лIыкIуэхэр. Ахэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ зэхущытыкIэхэр зэрырагъэфIэкIуэну щIыкIэм.
ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Аушыджэр къуажэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Къардэн Альберт. Абы псом япэу къыхигъэщащ республикэм щекIуэкI политикэмрэ нэхъыжьхэм я Iущагъымрэ я фIыгъэкIэ псынщIэу зэрагъэужьыхар Гундэлэн къыщыхъуа Iуэхур. Къэпсэлъам жиIащ апхуэдэ Iуэхугъуэхэм къызэрагъэлъагъуэр лъэпкъхэм яку зэгурыIуэрэ ныбжьэгъугъэрэ дэлъыным гулъытэ хэха къэрал-ми ар зи къалэн щIэныгъэ IуэхущIапIэхэми хуащIын зэрыхуейр.
- ЕгъэджакIуэхэм ди къалэнхэм хыдобжэ, къызыхэкIа лъэпкъым е иIыгъ диным емылъытауэ, щIэблэр зым адрейм пщIэ хуищIу дгъэсэныр. Дэтхэнэ динми и лъабжьэр зыщ - гуапагъэ пщIэуэ дунейм утетынырщ. Апхуэдэ фIыгъуэм ди сабийхэр щIэтпIыкIын хуейщ, гъэсапIэхэм къыщегъэжьауэ. Зы гупсысэм, зы мурадым дытетмэ, зэгурыIуэныгъэ зэрыщыIэнур си фIэщ мэхъу, - жиIащ къуажэ курыт еджапIэм и унафэщI Бадзэ Людмилэ.
Аушыджэр къуажэм и Iимам Жылокъуэ Мухьэмэдин къыхигъэщащ адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэгурыIуэу къызэрызэдэгъуэгурыкIуэм зыри зэран зэрыхуэмыхъуфынур. Ар апхуэдэу екIуэкIын щхьэкIэ, Iимамым къелъытэ дин, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я лэжьакIуэхэр нэхъыбэрэ цIыхухэм яхуэзэн, епсэлъэн хуейуэ.
ЗэIущIэм къекIуэлIа унагъуэхэм я цIэкIэ къэпсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ Хъуэт Тамарэ. Ар илъэс 40 хъуауэ адыгэ нысэщ, Муром къалэм къикIащ. Абыи зэIущIэм щыжаIахэр зэрадиIыгъыр къыхигъэщащ.
Iуэхум гудзакъэ хуаIэу къекIуэлIа унагъуэхэм фIыщIэ тхылъхэр иратащ, школакIуэ ныбжьыщIэхэм ягъэхьэзыра концерт ягъэлъэгъуащ.