Статьи на кабардинском языке

ЛэжьакIуэ нэхъыфIхэр ягъэпажэ

ЩэкIуэгъуэм и 10-м ягъэ­лъэпIащ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я лэжьакIуэм и ­махуэр. КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ абы теухуа зэхыхьэ.

Хабзэмрэ нэмысымрэ ягъэнэхъапэ

1804, 1810, 1816 гъэхэм пащты­хьыдзэм и генерал пашэхэу Глазенап, Булгаков, Ер­молов сымэ дзэшхуэхэр ящIы­гъуу Джылахъстэнейм къы­теуауэ щы­тащ икIи къуа­жэ щэны­къуэм хуэдизым лъап­сэрыхыр къыхуагъэ­кIуащ. ЗэратхыжымкIэ, зэтра­мы­гъэсхьауэ къэнар къуа­жибгъу къудейт, цIыхуми щIыми леишхуэ ирахат.

Правительствэм хэтхэмрэ муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ КIуэкIуэ К. В. ядригъэкIуэкIащ къэрал социальнэ политикэр пхыгъэкIыным теухуа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ зыубгъуа

КIуэкIуэ К. В. республикэм и Прави­тельствэм, муниципальнэ щIыналъэ­хэмрэ къалэ округхэмрэ я уна­фэщIхэм зэIущIэ зыубгъуа ядригъэ­кIуэкIащ ­Урысей Федерацэм и Президент Путин  В. В. «Къэрал социальнэ политикэр гъэ­зэщIэным теухуауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указым щыубзыхуахэр зэрагъэзащIэм теухуауэ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и районхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм яIуощIэ

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и рай­онхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я Iэтащхьэхэм икIи ахэр зи унафэщI щIыналъэхэм социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуа зи чэзу Iуэхухэм тепсэлъыхьащ.

ШАЛ Мухьэмэд.

УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ, Урысейм и ЛIыхъужь Матов­ников Александр лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей­-Балъкъэрым къэкIуащ. КъБР-м и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек­рэ абырэ Май районым и щIыпIэ зыбжанэ къызэ­хаплъыхьащ.

Гугъэрэ къарукIэ псыхьа гуфIэгъуэ

Илъэс 77-рэ и пэкIэ екIуэкIа Iуэхухэм пэджэжу

Республикэм и зыужьыныгъэм теухуа зэIущIэ

Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Матовников Александр дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щригъэкIуэкIащ ди республикэм и социально-экономикэ зыу­жьы­ныгъэм теухуа зэIущIэ.

Къэралым и махуэ лъапIэ

ЦIыху мини 5-м щIигъу хэту Налшык къалэ щагъэлъэпIащ ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр. Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм деж щекIуэкIа пэкIум иужь­кIэ концерт дахэ къызэ­рагъэпэщат республикэм и уэрэджыIа­кIуэ­хэмрэ къэ­фа­кIуэ­хэмрэ.

ЩIалэгъуалэр топсэлъыхь

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм ирихьэлIэу республикэм и еджапIэ нэхъыщхьищым - Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым, Къэбэрдей-Балъкъэр мэкъумэш университетым, Кавказ Ищ­хъэ-

ГуфIэгъуэр зэдаIэт

2005 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м къыщыщIэдзауэ илъэс къэс ягъэлъапIэ Лъэпкъ зэкъуэтыныгъэм и махуэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке