Статьи на кабардинском языке

ЛIыхъужьхэр ягу къагъэкIыж.

Хэкум и ЛIыхъужьхэм я махуэшхуэр щагъэлъапIэм ирихьэлIэу Урысей гвардием и къудамэу Звёзднэ жылагъуэм щыIэ дзэ частым и лэжьакIуэхэр, а къуажэм и курыт еджапIэм щIэсхэр ящIыгъуу, хуеблэгъащ я лэжьыгъэр ягъэзащIэу хэкIуэдахэм я унагъуэм.

ТекIуэныгъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ я мыхьэнэр ящымыгъупщэу.

КъБР-м и Парламентым иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ ТекIуэныгъэ Иным и щIэинхэм.

ПащIэ Бэчмырзэ и щIыхькIэ.

Адыгэ усыгъэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, джэгуакIуэ Iэзэу щыта ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 165-рэ зэрырикъур Налшык дэт Музыкэ театрым дыгъэгъазэм и 16-м Iэтауэ щагъэлъэпIащ.

Iейм щахъумэн мурадкIэ.

Республикэм мафIэсым пэщIэтынымкIэ-къегъэлынымкIэ и IуэхущIапIэм щекIуэкIащ илъэсыщIэпежьэ зэIущIэ. Абы кърагъэблэгъат «Золотой орешек» сабий-сад №25-м и гъэсэн цIыкIухэр.

Тбилиси «Апшелавэ» къыщыфIащат.

Къэралым и щыхьэрым топджэгу насыпыр щимыгъуэту Iэпщэ Александр Къэбэрдей-Балъкъэрым къигъэзэжащ икIи Налшык и «Спартак»-м къыхыхьэжащ. АрщхьэкIэ абы зэрыхагъэтар зы илъэс закъуэщ.

Сыт щыгъуи зыхуей IэнатIэщ.

КъБР-м щыIэ МВД-м щекIуэкIащ ­Урысей МВД-м СвязымкIэ и IэнатIэхэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 70 зэрырикъум теухуа зэIущIэ.

МэшбащIэ Исхьэкърэ щIалэгъуалэмрэ зэхуозэ.

Адыгэ Республикэм и ЛIыкIуэ IуэхущIапIэу УФ-м и Президентым деж щыIэм иджыблагъэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ.

КIуэкIуэ Казбек КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдин хуэзащ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ Правительствэм и Унэм щахуэзащ республикэм и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ Дианэ Мосс Жаклинрэ.

Нэхъыбэжщ къапэщылъыр.

Дыгъэгъазэм и 14-м Налшык къалэм щекIуэкIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым я зи чэ-зу зэIущIэ. Абы хэтащ Тыркум, Иорда­нием, Израилым, Сирием, Ливаным, Абхъазым, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс, Къэбэрдей-Балъкъэр респуб­ли­­кэхэм, Ставрополь, Краснодар крайхэм щыIэ Хасэ къудамэхэм я лIыкIуэхэр.

ЩIэныгъэлI цIэрыIуэм илъагапIэщIэр.

Ди лъэпкъыр зэрыгуш­хуэ икIи зэрыпагэ адыгэ щIэныгъэлIхэм куэдрэ гулъытэ лъагэ щагъуэт къэ­ралпсо, дунейпсо утыку­хэм. Ап­хуэдэу, иджыблагъэ зи хъыбарыфI зэхэт­хахэм ящыщщ инже­нер-механик Iэзэ, физик­ цIэ­рыIуэ, техникэ щIэ­ныгъэ­хэм я доктор Щоджэн Юрэ Хьэсэн и къуэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке