«ФIЫУЭ СЛЪАГЪУ КАВКАЗ»

Ар и фIэщыгъэщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Ставрополье щIыналъэхэр зэпызыщIэ, километр миным щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгуанэм. Иджы мы гъэм абы лъэпкъ статусыр къыхуагъэфэщэнкIэ хъунущ. Абы ехьэлIауэ зыхуеину тхылъхэр Урысей туризмым ирагъэхьауэ къэпщытакIуэ советыр хоплъэ. 

Кавказ Ищхъэрэм и Iэгъуэблагъуэм щыщу мы гъэм и гъэмахуэ лъэхъэнэм нэхъыбэу здаунэтIыр гъуэгуакъуэ къэхутэныгъэхэрщ, республикэм и щIыпIэ пхыдзахэр къызэщIиубыдэу. ЗыплъыхьакIуэхэр ди щIыналъэм нэхъыбэу кърашэлIэн папщIэ, гъуэгуанитI къызэрагъэпэщащ. Абы язщ «ФIыуэ слъагъу Кавказ» маршрутыр. 
ЕтIуанэр республикэм и бгылъ щIыпIэ псоми кIуэцIырыкI, ар «Горная Кабардино-Балкария» гъуэгуанэрщ. Абы щIэупщIэ ин иIэщ, сыту жыпIэмэ шыкIэ къэзыжыхьыну зыфIэфIхэм а гъуэгур нэхъ къыхахри. Абы километр 283-рэ и кIыхьагъщ. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.