ТРЕНЕР ЦIЭРЫIУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

«Рахлин Анатолий и кубок» зыфIаща дзюдомкIэ ныбжьыщIэ зэхьэзэхуэ мы махуэхэм Санкт-Петербург щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ «ищхъэрэ къалащхьэм» щекIуэкIа 25-нэ Дунейпсо экономикэ форумым и дэIэпыкъуныгъэкIэ. 

Зэпеуэхэм хэтащ Сербием, Белоруссием, Монголием, Узбекистаным, Донецк ЦIыхубэ Республикэм, Къэзэхъстаным, Къыргъызым, Урысей Федерацэм и щIыналъэ 37-м къикIа дзюдоист 500-м щIигъу. 
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Жэмыхъуэ Марат спортсмен 70-м щIигъу зыхэта килограмм 73-м нэблагъэ зи хьэлъагъхэм я гупым щригъэкIуэкIа бэнэныгъэ гуащIэм домбеякъ медалыр щызыIэригъэхьащ. 
Рахлин Анатолий Урысейм щIыхь зиIэ и тренерщ, физическэ щэнхабзэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. И тренер лэжьыгъэ лъэхъэнэм къриубыдэу абы дзюдомкIэ спортым и мастери I00-м щIигъу игъэхьэзыращ, Президент Путин Владимир и япэ тренеру щытащ ар. Щэнейрэ Европэм и чемпионатым щытекIуа Совет Союзым и цIыхубз командэ къыхэхар игъасэу лэжьащ. 
 

 

Къэхъун Бэч.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.