«ФИ УНАГЪУЭМ МАМЫРЫГЪЭ ИРЫРЕЛЪ»

А фIэщыгъэм щIэту уэрэ­джыIакIуэ цIэрыIуэ Зарэ  (Мгоян Зарифэ) Налшык дэт Театр щхъуантIэм иджыблагъэ концерт ин щитащ.

Абы игъэзэщIащ цIыхухэм фIыуэ ялъэгъуа и уэрэдхэр, романсхэр, зауэм теухуахэм­-рэ кинофильм зэмылIэу­жьыгъуэхэм хуатхахэмрэ.
Урысейм щIыхь зиIэ и артисткэ, «ЮНЕСКО-м мамы­рыгъэмкIэ и артисткэ» Зарэ иджы япэу Налшык къэкIуауэ арати, ди щIыналъэр къызэ­рымыкIуэу игу зэрырихьар к­ъажриIащ журналистхэм.
- Хуабжьу сыхуейщ Налшык къытезгъэзэну, - псалъэ­хэмкIэ  къыщIидзащ Зарэ. - Мы щIыналъэм щыпсэу цIыху ­гуапэхэм, нэфIэгуфIэхэм, хьэ­щIэ гъафIэхэм я гугъу умы­щIи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпсым и къабзагъыр, дахагъыр, ухуэныгъэ телъы­джэхэр уасэ зимыIэ фIы­гъуэщ. Концертым и пэ къихуэу, зэман къыдэзгъахуэри, Сэралъп Мадинэ и арт-центрым сыщыIати, хуабжьу сигу ирихьащ, ар зи IэщIагъэм хуэпэж,  куууэ хэзыщIыкI          цIыху гъэщIэгъуэнщ. Абы и фащэхэр-щэ?! Лъэпкъ тхы­дэм, адэжьхэм я Iэужьым ап­хуэдэ пщIэ хуащIу зэрахъумэр гуапэщ.
Си жагъуэ зэрыхъунщи, Налшык сызэрыщыIэнур зы махуэ закъуэщ, ауэ сэ сыщо­гугъ Iэмал имыIэу иджыри къытезгъэзэжыну.
«Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» фIэщыгъэм щIэт ­концерт программэр Уры-сейм и Ипщэ щIыналъэхэм, Кавказ Ищхъэрэм щитащ Зарэ. Налшык къэкIуэн и пэ ар Мейкъуапэ, Черкесск, Псы­хуабэ, Владикавказ щыIащ.
Зарэ и макъ дахэм къищы­нэмыщIауэ, нэхъыбэм фIыуэ щIалъагъу щхьэусыгъуэхэм ящыщщ ар зэпIэзэрыту утыкум зэритыр. Нэхъыщхьэращи, игъэзащIэ уэрэдхэри езым екIуж защIэщ. Ара-гъэнщ ар апхуэдэу гуапэу къыщIрагъэблэгъар. Театр щхъуан­тIэм щызэхуэсахэр ­Iэгуауэм щысхьыжыртэкъым, аракъэ дэтхэнэ артистми и ­хъуэпсапIэр!
- ЗгъэзащIэ уэрэдым ещхьу, «Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» цIэр си концертым фIэтщыжащ, - жеIэ артистым. - Иджы хуэдэу а псалъэхэм я мыхьэнэр зэи лъапIэу щытауэ къыщIэкIынкъым. Абы къыхэкIыу, сэ сыхуейт Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыпсэу дэтхэнэми и унагъуэм мамырыгъэ, зэгурыIуэныгъэ, гу­ры­фIыгъуэ илъыну, - захуигъэзащ Зарэ ди щIыналъэм щыпсэухэм.
Театр щхъуантIэм щызэхуэсахэм Зарэ и уэрэдхэм и ­нэхъыбэр гукIэ ящIэрти, дежьуурт. Къызэхуэсахэм ­гуIэ­­­фIтещIэж ящыхъуат абы игъэзэщIа и уэрэдыщIэр.
Пшыхьым зыкърезыгъэ- ­хьэ­лIахэм, езы Зари я гъусэу,  я ­хъуэпсапIэ ягу ираубыдэри, шар гъэпща зэмыфэгъу куэ­дыкIей уэгум ираутIыпщхьащ. «Фи унагъуэм мамырыгъэ ирырелъ» уэрэдыр Зарэ щигъэзащIэм, хабзэ зэрыхъуауэ (дунейр зэтезыIыгъэр иджы-ри зэ псоми ягу къагъэкIыжу), ­сабийуэ пшыхьым екIуэлIар утыкум ирашащ.
Дуней псом щыцIэрыIуэ ­артистым хузэфIэкIащ цIыху къызэрыгуэкIыу къызэтенэн. Абы  дапщэщи  гулъытэ  яхуещI и творчествэр фIыуэ зылъагъу цIыхухэм, псом хуэмыдэу щIэблэм. Ар жы­джэру хэтщ псапэ зыпылъ Iуэхухэм, икIи жыпIэ хъунущ, дунейр мамыру щытыным и лэжьыгъэр теухуауэ. Абы и щыхьэтщ ДНР-м, ЛНР-м щыщу Къэбэрдей-­Балъкъэрым къашауэ щыIэ сабийхэр концертым кърагъэблагъэу пщIэншэу зэры­рагъэплъар. Концерт нэу­жьым артисткэм занщIэу ­ДонбасскIэ иунэтIащ гугъуехь хэ­хуахэм зэры­хузэ­фIэкIкIэ ­защIигъэкъуэн мурад иIэу.

 

Инэрокъуэ Данэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.