Статьи на кабардинском языке

КАВКАЗЫР ЗЭРЫГУШХУЭ КЪЭФАКIУЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Гордость Кавказа» сабий-ныбжьыщIэ IуэрыIуатэ-къэфакIуэ ансамблым Гран-при саугъэтыр къыщихьащ Сочэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Весеннее скерцо» урысейпсо фестиваль-зэпеуэм. 

ХЬЭРЫЧЭТЫЩIЭХЭМ ГЪУЭГУ ИРАТ

ХьэрычэтыщIэхэм я махуэм ирихьэлIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек еблэгъащ Республикэм хьэ­рычэт Iуэхухэм зыщегъэужьынымкIэ и центрым.

ЕГОРОВЭ ТАТЬЯНЭ: «ХЭКУПСЭ НЭС ФЫЗЭРЫХЪУНЫМ ШЭЧ КЪЫТЕСХЬЭРКЪЫМ»

Депуев Хаким и цIэр зезыхьэ кадет школ-интернат №2-м накъыгъэм и 25-м, адрей курыт еджапIэхэми хуэдэу, иужьрей уэз­джынэр къыщеуащ.

Пашэхэмрэ къыкIэрыхухэмрэ

Тхьэмахуэ блэкIам зэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым футболымкIэ и чемпионатым и гуп нэхъы­щхьэм и етIуанэ джэгу­гъуэм хыхьэ зэIущIэхэр. 

Гъатхэм и пшыхь

«Жан» зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI «Гъэм и теплъэгъуэхэр» усэ пшыхь­хэм къыпащэу, Сэралъп Мадинэ и Арт-унэм гъатхэр щагъэфIащ. 

САУГЪЭТ НЭХЪЫЩХЬЭХЭР КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Нартан къуажэм лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта, Къурашэ Эдуард зи художественнэ унафэщI «Вагъуэ цIыкIухэр» сабий ансамблым, VI-нэ лъэпкъ къафэ конгрессым хыхьэу, Сочэ къалэм мэлыжьыхьым и 30 - накъыгъэм и 3-хэм щекIуэкIа «Урысейм и балетмейстер нэхъыфI» VII-нэ грант къафэ зэпеуэмрэ Владикавказ къалэм накъыгъэм и 13 - 15-хэм щызэхэта зэхьэзэхуэмрэ саугъэт нэхъыщхьэр - Гран-при-р къыщихьащ.

МЭКЪУАУЭГЪУЭ

Еханэ мазэ, июныр, мэкъуауэгъуэр къызытекIамкIэ зэтемыхуэ еплъыкIитI щыIэщ. Языныкъуэхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, ар римлянхэм я тхьэ Юнонэ и цIэм епхащ. Адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, ар зэпхар Рим и япэ консулу щыта Юний Брутщ.

МАХУЭШХУЭ ЗЕКIУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу къызэрагъэпэщыну махуэшхуэ зекIуэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэм тепсэлъыхьыну Бахъсэн къалэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим IуэхущIапIэхэмрэ къудамэхэмрэ я унафэщIхэм иджыблагъэ яIущIащ.

ИЛЪЭСИТХУ ЗЭРЫХЪУРЭ КЪОФЭ

«Къафэм псэщIэ къыпхелъхьэри, зэпымыууэ нэхъыфI узэрыхъунум ухущIегъэкъур. Къафэм цIыхум зрегъэхъуэж. Сэ сыкъыщыфэкIэ, дуней псор сщогъупщэ. ГуфIэгъуи, нэщхъеягъуи, губжьи, лъагъуныгъи, нэгъуэщI гурыщIэ куэди кърыбоIуэтэф къафэ гъуазджэм.

УРЫСЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭ

Футбол

 Налшык къалэм и «Спартак» стадионым щекIуэкIащ Урысей МЧС-м къэралым и щIыналъэхэм щиIэ управленэ нэхъыщхьэхэм я командэхэм футбол цIыкIумкIэ я урысейпсо чемпионат. Зэхьэзэхуэм хэтащ командий.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке