Статьи на кабардинском языке

Марьяш Иринэ куэдым щIоупщIэ.

Къэрал Думэм и депутатхэм щIыналъэхэм щрагъэкIуэкI тхьэмахуэ лэжьыгъэм хиубыдэу «Урысей зэкъуэт» фракцэм хэт Марьяш Иринэ Iуащхьэмахуэ ­районым щыIащ икIи Былым, Бедыдж, ­ЛашкIутIэ къуажэхэм ящыщу зи щхьэ Iуэху­кIэ къекIуэлIахэм яхуэзащ.

Къэрал мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэр.

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир щэкIуэгъуэм и 29-м Налшык щри­гъэкIуэкIащ ­УФ-м и Президентым деж Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмкIэ щыIэ советым хэтхэм я зи чэзу зэIущIэр. Абы щы­хэп­лъащ Урысей Федерацэм и Къэ­рал лъэпкъ политикэм и унэ­тIыныгъэ нэхъыщ­хьэ­хэм къагъэув къалэнхэмрэ Iуэхухэмрэ гъэзэщIа зэрыхъум.

«Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектыр мэлажьэ.

Ди республикэм и къалащхьэ Налшык иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ пэ­щIэдзэ классхэм щезыгъаджэхэм ябгъэдэлъ щIэныгъэм хэзыгъахъуэ «Бжыгъэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэ Iэмалхэр, «Яндекс. Учебник»-м тету» курсхэр. Егъэджэныгъэхэм хэтащ ди щIыналъэм и егъэджакIуэ 400-м щIигъу.

Iэзагъэ нэсым и джэлэс.

«Урысейр зэфIэкI инхэм я къэ­ралщ» президент платформэм и проектыщIэ «ХьэщIагъэм хуэ­Iэзэхэр» къэралпсо зэпеуэм хэтыну гукъыдэж зиIэхэм абы теухуа я тхылъхэр щэкIуэгъуэм и 13-м къы­щыщIэдзауэ дыгъэгъазэм и 20 пщIондэ «мастерагостеприимства.рф» сайтым ирагъэхь хъунущ.

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хуэзащ Кавказым и муслъымэнхэм я IуэхущIапIэм и унафэщIым.

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Налшык щыхуэзащ лэжьыгъэ IуэхукIэ республикэм къэкIуа, Кавказым и муслъымэнхэм я дин IуэхущIапIэм и Iэ­тащхьэ Пашазаде Алыхьшыкур.

Адэшхуэм пхиша лъагъуэм тету.

«ЛIэужьыр бжьиблкIэ мауэ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Ар зэрыпэжым и щыхьэтщ 2010 гъэм Сингапурым щекIуэкIа Япэ НыбжьыщIэ Олимп Джэгухэм бэнэкIэ хуитымкIэ текIуэныгъэр къыщызыхьа, Урысей Федерацэмрэ Европэмрэ я чемпион Пшыналъэ Азэмэтбий и спорт гъащIэр.

Ди къэфакIуэхэр нэхъыфIхэм ящыщщ.

Мы гъэм а зэхыхьэм хэтащ къэфакIуэ гуп 40-м щIигъу,псори цIыху миным щхьэдэхырт.
Иджырей къафэм и «щэхухэм», абы щIэуэ къыхыхьэм хэзыгъэгъуазэ пэублэ гъэщIэгъуэн хуащIат зэпеуэм. Къафэ лIэужьыгъуэхэм я «тхыпхъэр» (зыгъэзэкIэр) зрагъащIэм и мызакъуэу, къафэм «псэ зэрыпхухэлъхьэну» Iэмалхэм тепсэлъыхьащ мы Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкIхэр.

Чыгъэду Казбек Налшык щыIэщ.

США-м зэрыIэпхъуэрэ Адыгэ Хасэм хэтщ Казбек, сыт щыгъуи лъэпкъ Iуэхум жыджэру и гуащIэ хелъхьэ. Мы гъэм абы и тхьэмадэ къулыкъум пэрагъэуващ, илъэситI пIалъэкIэ лэжьэну.

ГъущIым къыхэщIыкIам хуэдэт Хьэпай Хьэмид.

Щалъхуа икIи къыщыхъуа Адыгейм и Теучэж щIыпIэм и мызакъуэу, Хьэпай зэкъуэшхэр дуней псом цIэрыIуэ щащIащ самбэмкIэ къахьа текIуэныгъэ инхэм. Абыхэм къахэкIащ СССР-м, Европэм, дуней псом я чемпионхэр. И дуней тетыкIэр дахэу, щапхъэ трахрэ щIэблэм я гъэсакIуэу гъащIэр ирихьэкIащ дэтхэнэми.

Инал нэхърэ нэхъ губзыгъэ къахэкIакъым.

2011 гъэм дыгъэгъазэм и 25-м Леон къалэм «Европэм и Кубокым» щхьэкIэ щызэпрагъэуа шы хэплъыхьахэм япэ увыпIэр къыщихьауэ щытащ Деберт Джули зытеса къэбэрдеиш Инал.
Инал дунейм къыщытехьар Словакиеращ. Адыгэш зе­зыхуэхэмрэ фlыуэ зылъа­гъухэмрэ и зэгухьэныгъэу Словакиемрэ Чехиемрэ щыIэм и унафэщl Марковэ Евэ и деж. И анэр, шыщlэр и ныбэм илъу, ­Къармэхьэблэ ирашауэ щытащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке