|
Статьи на кабардинском языке
11 июля, 2025 - 14:49
УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Новак Александррэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щызэхуэзащ.
11 июля, 2025 - 12:06
Уэшхрэ псыIагъэкIэ дызыгъэнщIа мы гъэм и гъатхэр тIэкIу кIыхьыIуэу къытхущIэкIами, иужьрей тхьэмахуэ-тхьэмахуитIым къриубыдэу тлъагъур хьэуам и къызэщIэплъэгъуэм зэрыщIидзарщ. Абы къыхэкIыу, ди республикэм щыпсэухэм ягу къэгъэкIыжыпхъэщ мы гъэм дызэрыт мазэм къыщыщIэдзауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и губгъуэхэмрэ мэзхэмрэ мафIэс къыщыхъеинымкIэ шынагъуэ щыIэ зэрыхъуар.
9 июля, 2025 - 06:03
Иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъу тщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я нэхъыщхьэхэм хохьэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, къитэджыкI щIалэгъуалэм гулъытэ хэха, лъагэ ягъуэт зэрыхъуар, анэмрэ сабиймрэ ехьэлIа Iуэхугъуэ псори мыхьэнэшхуэ зиIэ унэтIыныгъэу къызэралъытэр.
9 июля, 2025 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэр зэгъэпэщыжыным хуэунэтIа лэжьыгъэм щыпащэ. Ахэр ирагъэкIуэкI «ГъащIэм хуэщIа инфраструктурэ» федеральнэ проектым ипкъ иткIэ, апхуэдэуи щIыналъэ мылъкуи халъхьэу.
9 июля, 2025 - 06:03
Къэбэрдей-Балъкъэрым гъавэ Iухыжыгъуэ лъэхъэнэр щокIуэкI. Псом япэу Iуахыжыр бжьыхьэсэ гъавэрщ. Гуэдзу зэщIакъуэжащ гектар миным щIигъу, хьэуэ гектар мини 6,7-рэ, былымкъэбыстэу гектар мини 2,3-рэ.
8 июля, 2025 - 06:27
КъБКъУ-м МедицинэмкIэ и академиер къэзыуха ныбжьыщIэ 387-м я дипломхэр ЩIалэгъуалэм я унэм дыгъуасэ щратыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху 30-р фIы дыдэу еджащ. Дауэдапщэм хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
8 июля, 2025 - 06:26
Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм щагъэлъагъуэ «Возвращение» зыфIаща выставкэр. Абы япэу утыку къыщрахьащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт, 1995 гъэ лъандэрэ Германием щылажьэ икIи щыпсэу ди хэкуэгъу художник цIэрыIуэ Хьэжу Мурат и IэдакъэщIэкIхэр. Ипэ зидгъэщынщи жытIэнщ Мурат и мультипликацэ фильмитIи мыбдеж зэрыщагъэлъэгъуар.
8 июля, 2025 - 06:24
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм щекIуэкIащ нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди щIыналъэм къыщихьам хьэкIэкхъуэкIагъэу зэрахьар зыхуэдэм теухуауэ. Ар къызэзыгъэпэщар Къэбэрдей-Балъкъэрым «БлэкIам пIалъэ иIэкъым» и жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Романовскэ Аннэщ.
7 июля, 2025 - 13:04
«Сыринэ» адыгэ щIалэгъуалэ театр студиер Тыркум ирагъэблагъэри, гукъинэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ.
Адыгэбзэр, адыгэ хабзэр, щэнхабзэр хъумэным зи лэжьыгъэр теухуа «Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым 2020 гъэм къызэIуиха театрым увыпIэфI щиубыдащ республикэм и щэнхабзэм, театр гъуазджэм, егъэджэныгъэм. Фигу къэдгъэкIыжынщи, фондым и къалэн нэхъыщхьэр адыгэбзэр, лъэпкъ щэнхабзэр хъумэнырщ.
Страницы
|