|
Статьи на кабардинском языке
11 ноября, 2019 - 06:54
ЩэкIуэгъуэм и 6-м зэхэтащ «Урысей зэкъуэт» политикэ партым КъБР-м щиIэ къудамэм и XXXI зэIущIэ. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ блэкIа илъэсым къриубыдэу партым илэжьамрэ абы къыщекIуэкI зэхъуэкIыныгъэхэмрэ. КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек «Урысей зэкъуэт» партым и щIыналъэ къудамэм и унафэщIу щыхахащ зэхуэсым.
8 ноября, 2019 - 08:15
ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэр республикэм и щIыналъэ псоми Iэтауэ щагъэлъэпIащ иджыблагъэ. Налшык дэт Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм и гупэм деж иIэ утыкум щэкIуэгъуэм и 4-м щекIуэкIа нэгузыужь Iуэхугъуэхэр абы ехьэлIауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэхэта дауэдапщэхэм я нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунут.
8 ноября, 2019 - 08:10
Мы махуэхэм Нартан къуажэ Iэтауэ къыщрагъэблэгъэжащ «Кубок победителей» VII Дунейпсо зэпеуэ зэхуэщIам щытекIуа, щапхъэ зытрах «Вагъуэ цIыкIу» ансамблыр (гупым и художественнэ унафэщIыр КъБР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Эдуардщ).
8 ноября, 2019 - 08:06
Сурэт гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ А. и цIэр зезыхьэм, «Гъуазджэхэм я жэщым» ирихьэлIэу Налшык къыщызэIуахащ УФ-м щIыхь зиIэ и художник, ХудожествэхэмкIэ Урысей Академием и действительнэ член, КъБР-м и цIыхубэ художник КIыщ Мухьэдин и гъэлъэгъуэныгъэ. А зэхыхьэр егъэщIылIауэ щытащ сурэтыщIыр къызэралъхурэ илъэс 80 зэрырикъум.
8 ноября, 2019 - 08:01
Ди лъахэгъу Къумыкъу Виктор, нэхъапэм зэи къэмыхъуауэ, Караганда и «Шахтёр»-р Къэзахъстаным щынэхъ лъэщ дыдэ ищIащ икIи Европэм и Чемпионхэм я лигэмрэ УЕФА-м и кубокымрэ ехъулIэныгъэкIэ щигъэджэгуащ. КъищынэмыщIауэ, Азие Курытым и командэ куэдым я тренер нэхъыщхьэу щытащ икIи лъагапIэщIэхэр къаригъэщтащ.
7 ноября, 2019 - 06:45
КъБР-м и Парламентым БюджетымкIэ, налогхэмрэ финанс IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI АфэщIагъуэ Михаил жиIащ законопроектым ехьэлIа дэфтэрхэр УФ-м и Бюджет Кодексым и 184.2-нэ Iыхьэмрэ «Къэбэрдей-Балъкъэрым и бюджетыр зэрызэхагъэувэм теухуауэ» Законым и 29-нэ статьям и Iыхьэ 4 - 5-хэмрэ къыщыгъэлъэгъуа мардэхэм зэрытехуэр.
7 ноября, 2019 - 06:41
ЩIыналъэ администрацэм и лэжьакIуэхэм ящIыгъуу абы зыгъэпсэхупIэр къызэхикIухьащ, щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэхэм, псы Iуфэм еплъащ, адэкIэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм щIэупщIащ.
7 ноября, 2019 - 06:38
Куэдым ящIэу къыщIэкIынкъым каратэ-до спорт лIэужьыгъуэмкIэ ди къэралым щыщу япэу дунейпсо чемпион хъуар зэрыадыгэ щIалэр. Ар 1972 гъэм фокIадэм (сентябрым) и 1-м Тырныауз къалэм къыщалъхуа Гуэбэшы Аслъэнщ.
6 ноября, 2019 - 07:02
НыбжькIэ илъэс бжыгъэ дахэм ущынэскIэ, уи гъащIэ гъуэгуа-нэм уроплъэжри, къызэбнэкIар зыхуэдэр къызэщIыбокъуэж, абы щыгъуэми къэкIуэнум мурадыфIхэр хузэпыпщэу лъэхъэнэщIэм ухобакъуэ.
6 ноября, 2019 - 06:55
Ди газетым зэрытетащи, махуэ зыбжанэ ипэкIэ Зеикъуэ къуажэм и курыт еджапIэ №2-м зэхыхьэ гуапэ щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ Къэрмокъуэ Мухьэмэд къызэралъхурэ илъэс 90 зэрырикъум ехьэлIауэ. «Зи гъащIэр дыгъэ бзийуэ зыгуэша» зыфIаща пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIа цIыхухэм яхэтт Мухьэмэд и цIыху щIыкIэу, и цIыху хэтыкIэу щытам теухуауэ жызыIэн зи куэд нэхъыжьыфIхэр.
Страницы
|