Статьи на кабардинском языке

Мэзло Руслан и лъагъуныгъэ

Налшык дэт Лъэпкъ музейм дыгъэгъазэм и 4-м къыщызэIуахащ IэпэIэсагъэкIэ куэд щIауэ дыдэ­зы­хьэха Мэзло Руслан «лъа­гъуныгъэ» («Узрение») зы­фIи­­ща и гъэлъэгъуэныгъэр.

УафэщIхэм зрапщыт

Хьэрып Эмират Зэгуэтхэм 2024 гъэм хьэр­шым яутIыпщынущ Мазэм щрагъэ­тIысэхыну зыхуамурад кхъухьлъатэр.
А къэралым и щIэныгъэлIхэри ящыщщ космосым нэхъ къыщытпэгъунэгъу уафэ­щIым и щIыIумрэ абы и Iэгъуэблагъэм къыщекIуэкIхэмрэ зыджыну яужь ихьахэм. КъищынэмыщIауэ, а хэгъэгум и ­астрофизикхэм я мурадщ «Рашид» зы­фIаща Iэмэпсымэр илъэсищ нэхъ дэмыкIыу Мазэм и гущIыIум щрагъэпсы­хыну.

Жыджэрагъышхуэ зыхэлъхэр

Иужьрей лъэхъэнэм жылагъуэм къыщыунэхуа Iуэху­гъуэщIэхэм, мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ волонтёрхэм я жылагъуэ зэщIэхъееныгъэр. ГумызагъагъэкIэ адрейхэм къахэбелджылыкI куэд, Тхьэм и фIыщIэкIэ, яхэтщ ди щIалэгъуалэм. Ахэр жыджэру зыхэмыт Iуэху гуэри ди хэкум щемыкIуэкIыжми ярейщ.

«Iулъхьэ стыркъым! Iулъхьэ къеIысхыркъым!»

Апхуэдэ фIэщыгъэм щIэт зэIущIэхэр ди республикэм хыхьэ щIыналъэхэм мы махуэхэм щрагъэкIуэкI ГИБДД-м и инспекторхэмрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIалэгъуалэ зэщIэхъееныгъэм жы­джэру хэтхэмрэ. Ар ирагъэхьэлIэ Iулъ­хьэ тын-къеIыхыным пэщIэтыным и дунейпсо махуэм.

Зи цIэр ямыщIэ сэлэтым и фэеплъым удз гъэгъахэр тралъхьэ

Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ СОБР-м и къудамэмрэ Урысей ­гвардием и Управленэу КъБР-м щыIэмрэ я лэжьакIуэхэм дзэм хэ­тахэр, хабзэхъумэ IэнатIэ зезыхьахэр, унафэщI къулыкъу бгъэдэтахэр, цIыхубэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр я гъусэу, Зи цIэр ямыщIэ сэлэтым и махуэр щагъэлъапIэ зэ­хуэсым хэтащ.

Егоровэ Татьянэ я щхьэ IуэхукIэ зыкъыхуэзыгъэзахэм йопсалъэ

«Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партыр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэс 19 щрикъум ирихьэлIэу партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ жылагъуэ егъэблэгъапIэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 1 - 10-хэм къриубыдэу цIыхухэм щаIуощIэ партым и къудамэу щIыналъэм щыIэм и унафэщIхэр, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэтхэр, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, КъБР-м и Парламентымрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ органхэмр

КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ республикэм и щIыналъэхэмрэ къалэ округхэмрэ я администрацэхэм я унафэщIхэр зыхэта «муниципальнэ сыхьэтыр»

КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету дыгъэгъазэм и 2-м епсэлъащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэ­хэм, къалэ округхэм я админист­рацэхэм я унафэщIхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Премьер-министр Мусуков А. ТI., КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ М. М., ­КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Хъубий М.

ДыщэкI Эртан: Ди ехъулIэныгъэхэм я хэкIыпIэр Хэкум худиIэ пыщIэныгъэхэрщ

Тыншкъым хамэщIым адыгагъэр щыпхъумэну, анэдэлъхубзэр щыпIу­рылъыну, хабзэр щызепхьэну. Апхуэдэу щытми, Европэм щыпсэу адыгэхэм зэрахузэфIэкIкIэ яхъумэ «адыгэщ» жезыгъэIэ нэ­щэнэ нэхъыщхьэхэр.

Насып зэхэгъэкIыпIэ

Повестым щыщ пычыгъуэхэр
- Зэрыхъуэпсэгъуэ, - жеIэ щIалэм, илъагъум зыщимыгъэнщIу зыздип­лъыхьым, IэкIэ иIыгъ зэкIуэцIылъыр къызыкъуехри, IункIыбзэ къэб зэкIэ­рыщIар къещтэ.
- Сыт мыр зищIысыр? - щIоупщIэ Динэ.
- Мыр уэрэ сэрэ ди лъагъуныгъэм и IункIыбзэщ, - ар жеIэри, лъэмыжыбгъум Iут гъущI хъарым хьэлъкъыр IуегъапкIэ. Апхуэдэу здиIыгъым, пщащэм зыхуегъазэ:

Хэкупсэ нэс Къущхьэ Догъэн

ЦIыхум и гум, и псэм Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр щигъафIэ хабзэщ, ар лэжьыгъэм, унагъуэм ехьэлIауэ щрет, е гъащIэм щыщ нэгъуэщI хъуэпсапIэхэм епхауэ ирехъуи. Зи унагъуэ исыж, зи ­Хэку щыпсэуж цIыхум зыхимыщIэн куэд хэхэсхэм я гущIэ ­лъапсэм зэрыщаIыгъым сэ шэч къытесхьэркъым. Ар куэдрэ ­хьэкъ тщохъу, хамэ къэралхэр псэупIэ зыхуэхъуа ди лъэп­къэгъухэм я гурыгъу-гурыщIэхэр къыщытхуаIуатэкIэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке