Егоровэ Татьянэ я щхьэ IуэхукIэ зыкъыхуэзыгъэзахэм йопсалъэ

«Урысей зэкъуэт» Урысейпсо политикэ партыр къы­зэрызэрагъэпэщрэ илъэс 19 щрикъум ирихьэлIэу партым и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ жылагъуэ егъэблэгъапIэм 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 1 - 10-хэм къриубыдэу цIыхухэм щаIуощIэ партым и къудамэу щIыналъэм щыIэм и унафэщIхэр, УФ-м ФедерацэмкIэ и Советым хэтхэр, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, КъБР-м и Парламентымрэ щIыпIэ унафэр зегъэкIуэнымкIэ органхэмрэ я депутатхэр. Апхуэдэ зэIущIэхэм кърохьэлIэ властым и гъэзэщIакIуэ органхэм, муниципалитетхэмрэ жы­лагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ я лIыкIуэхэр.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ дыгъэгъазэм и 1-м ВСК мардэм тету епсэлъылIащ я щхьэ IуэхукIэ зыкъыхуэзыгъэзахэм.
Республикэм и Хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщIым зыкъыхуагъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщхэм. Абыхэм я гуныкъуэгъуэхэм ящыщт я псэупIэр ирагъэфIэкIуэ­ным, мэкъумэш IэнатIэм къыщагъэсэбэп щIы Iыхьэхэр зы лIэужьыгъуэм къыхагъэкIыу нэгъуэщIым хэгъэ­хьэным, тхьэкIумэкIыхь гъэхъуным пыщIа ветеринар-санитар экспертизэ егъэщIыным текIуадэ ахъшэр зы­хуэдизын хуейм ехьэлIа Iуэхухэр. ЦIыхухэм я упщIэхэм хэтт хуэмыщIауэ псэу унагъуэхэм къыщыхъу, илъэсищым къыщыщIэдзауэ илъэсиблым нэс ныбжьым ит сабийхэм иратын хуей ахъшэр тэмэму зэраIэрымы­хьэм, зэрылэжьапIэншэм къыхэкIыу цIыхур учётым ягъэуву ахъшэ къратыным, сымаджэм и ныкъуэдыкъуа­гъэр къегъэлъытэным, къыIаха щIыхуэр щхьэщахынымкIэ защIэгъэкъуэным теухуауэ цIыхухэр зыIууэ лъэпощхьэпохэм ехьэлIахэр.
ЦIыхухэм щаIущIэм абыхэм гурагъэIуащ я Iуэхум ­хабзэр зэреплъыр икIи зэрыхуа щытыкIэм къикIынымкIэ хэкIыпIэу яIэхэм теухуа чэнджэщхэр иратащ.
-Iуэху куэд абдеж занщIэу щызэфIэдгъэкIыфащ, ауэ абыхэм яхэтщ пIалъэ гуэркIэ зэхэгъэкIын хуейхэр. Ди къалэн нэхъыщхьэр цIыхухэм я хуитыныгъэхэм теухуауэ хабзэм къигъэувхэр ягурыдгъэIуэнырщ, ахэр зыхэт гугъуехьхэм къыхэкIынымкIэ зэрытхузэфIэкIкIэ дадэIэпыкъунырщ. Абы къыхэкIыу, зыкъытхуэзыгъэза дэтхэнэми и Iуэхур зытетыр щызэпкърыха тхыгъэ хуедгъэхьыжынущ, - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ.
Абдеж къыщаIэта Iуэху псори зэрыдэкIым КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и нэIэ тетынущ.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

12.05.2024 - 09:03

ЛЪАХЭХУТЭ ЗЭПЕУЭ

КъБР-м и Сабий, щIалэгъуалэ творчествэ унэм иджыблагъэ щекIуэкIащ урысейпсо зэIущIэ.

11.05.2024 - 12:25

ЩIЭНЫГЪЭЛI УСАКIУЭХЭР

 Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунщ литературэр математикэм, социологием, физикэм, экономикэм, биологием, нэгъуэщI щIэныгъэхэми зыкIи емыпхауэ.

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ ХУЭПАБГЪЭУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Прохладнэ щIыналъэм и Приближнэ къуажэм зи узыншагъэкIэ сэкъат зиIэ сабийхэр щрагъаджэу дэт школ-интернат №2-м и гъэсэн цIыкIухэр къыщыхэжаныкIащ Сочи къалэм и «Сириус» фед

11.05.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

ТекIуэныгъэм и махуэ къэблэгъам пежьэри, Кэнжэ къуажэм иджыблагъэ дзюдомкIэ зэхьэзэхуэ щрагъэкIуэкIащ. Абы щызэпеуащ 2011 гъэм къалъхуа ныбжьыщIэхэр - псори зэхэту 113-рэ.

10.05.2024 - 12:25

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУР УАФЭМ НЭСАЩ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ.