|
Статьи на кабардинском языке
26 ноября, 2019 - 07:30
Урысейм и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 25-рэ, КъБР-м и Пенсионерхэм я зэгухьэныгъэр илъэс 15 зэрырикъум теухуа Iуэху гуапэ щекIуэкIащ Налшык къалэм дэт Къэрал киноконцерт гъэлъэгъуапIэм. Абы кърагъэблэгъат республикэм и экономикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм пщIэрэ щIыхьрэ яIэу лэжьыгъэ купщIафэ щезыхьэкIа нэхъыжьыфIхэр.
26 ноября, 2019 - 07:25
Мы гъэм шыщхьэуIум и 13-м илъэс 80 ирикъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и мызакъуэу, нэгъуэщI щIына-лъэ Iэджэми къыщацIыху оперэ уэрэджыIакIуэ гъуэзэджэ, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэхэмкIэ и къэрал институтым и егъэджакIуэ Бэгъуэтыж Светланэ Батыр и пхъур. 1960 гъэм Налшык дэт музыкэ училищэр къэзыуха хъыджэбзыр абдеж къызэрыщымыувыIэнур гурыIуэгъуэт.
26 ноября, 2019 - 07:14
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым иджыблагъэ щызэхэта зэIущIэр теухуауэ щытащ еджапIэ нэхъыщхьэр къэзыух IэщIагъэлI ныбжьыщIэхэм лэжьапIэ нэхъ тыншу ягъуэта зэрыхъунум. Университетым и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэхэм хъыбар къызэрыдагъэщIамкIэ, КъБКъУ-м и унафэщIхэр дапщэщи набдзэгубдзаплъэу кIэлъоплъ а Iуэхугъуэм.
26 ноября, 2019 - 07:07
ЩэкIуэгъуэм и 23-м Москва щызэхэтащ «Урысей зэкъуэт» партым и ХIХ съездыр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэу абы хэтахэм я пашэу щытащ КIуэкIуэ Казбек.
25 ноября, 2019 - 07:01
Хабзэ зэрыхъуам тету, иджы илъэс ещанэ хъуауэ Ставрополь къалэм щокIуэкI «Адыгэ дуней» щэнхабзэ фестивалыр. Ар мы гъэми къызэригъэпэщащ а къалэм щыIэ «Адыгэхэр» шэрджэс щэнхабзэ центрым и унафэщI Шыбзыхъуэ Юрэ.
25 ноября, 2019 - 06:56
Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Куба къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм иджыблагъэ щызэхэтащ адыгэ усакIуэ, тхакIуэ, адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий и фэеплъ пщыхьэщхьэ.
25 ноября, 2019 - 06:51
ТекIуэныгъэ Иныр илъэс 75-рэ зэрырикъур гъэлъэпIэным теухуауэ ирагъэкIуэкIыну Iуэхухэм хиубыдэу Бахъсэн районым исхэм ягу къагъэкIыжащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэ дивизэм хэтахэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр.
22 ноября, 2019 - 06:39
Зэпеуэм абы игъэхьа лэжьыгъэр, дизель гъэсыныпхъэкIэ лажьэ мэкъумэш техникэр мыкъутэу нэхъыбэрэ лэжьэным хуэгъэпса гупсысэщIэхэр зи лъабжьэр, игъэхьэзыращ техникэ щIэныгъэхэм я кандидат, университетым «Машинэхэр зэрылажьэмрэ ахэр зэрызэрагъэпэщыжымрэ» и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжь Бэлэтокъуэ Анзор и унафэм щIэту.
20 ноября, 2019 - 07:12
Республикэ МВД-м и лэжьакIуэхэм ящыгъупщэркъым зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэдахэр, я нэIэ трагъэтщ абыхэм я унагъуэхэм.
20 ноября, 2019 - 06:59
«Ажалыр щащэр къыджеIэ!» урысейпсо Iуэхум и етIуанэ Iыхьэм хиубыдэу зэIущIэ драгъэкIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэр гуманитар-техническэ колледжым и студентхэм. Ар теухуауэ щытащ афияным зэраныгъэу къишэм, балигъ мыхъуахэр хабзэм ебэкъуэным, ахэр хабзэншагъэхэм хамышэным ехьэлIауэ ящIапхъэм.
Страницы
|