Жыджэрагъышхуэ зыхэлъхэр

Иужьрей лъэхъэнэм жылагъуэм къыщыунэхуа Iуэху­гъуэщIэхэм, мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ волонтёрхэм я жылагъуэ зэщIэхъееныгъэр. ГумызагъагъэкIэ адрейхэм къахэбелджылыкI куэд, Тхьэм и фIыщIэкIэ, яхэтщ ди щIалэгъуалэм. Ахэр жыджэру зыхэмыт Iуэху гуэри ди хэкум щемыкIуэкIыжми ярейщ.
Лъэпкъ Зэкъуэтхэм я Зэгухьэныгъэм и Ассамблее Нэхъыщхьэм 1985 гъэм къыхилъхьауэ щытащ Волонтёрым и махуэр гъэлъэпIэныр. Ар и махуэшхуэу къилъытэ хъунущ игури и псэри етауэ, зэфIих Iуэхугъуэм папщIэ е сэбэп зэрыхъум щхьэкIэ фIыщIэ леи пщIэ хэхаи мылъыхъуэу жылагъуэми цIыху щхьэхуэхэми щIэгъэкъуэн яхуэхъуф дэтхэнэми.
Къэрал куэдым щызэлъащIыса зэщIэхъееныгъэм дунейпсо мыхьэнэ иIэ хъуащ. Урысей Федерацэм ар ягъэлъэпIэн щыщIадзащ 2017 гъэм.  Илъэс еплIанэ хъуауэ ар дыгъэ­гъазэм и 5-м щыдогъэлъапIэ ди къэралым.
2020 гъэм дэнэкIи щагъэлъапIэ а махуэшхуэр хуэгъэпсащ коронавирус уз зэрыцIалэм земыгъэуб­гъунымкIэ волонтёрхэм ялэжьа Iуэхугъуэхэм, ящIа псапэхэм. А псори къызэщIиубыдащ «Дэ дызэгъусэщ» жылагъуэ акцэу дызэрыт илъэсым и гъатхэм къыхалъхьауэ щытам. Абы жыджэру хэтащ, ноби я зэфIэкI халъхьэ ди республикэм ис щIалэгъуалэ гумызагъэхэм. Абыхэм зрапщытащ икIи ­хъарзынэу къайхъулIащ ­вирус шынагъуэм и зэранкIэ я унэхэм щIэубыда хъуа цIыхухэм ядэIэпыкъуныр: хущхъуэ, ерыскъы яхуэхьыныр, нэгъуэщI Iуэхутхьэбзэхэр яхуэщIэныр. УФ-м и Президентым зэрыжиIащи, волонтёрхэм и зэфIаха апхуэдэ псэемыблэж лэжьыгъэм хуэфащэщ пщIэ лъагэрэ гулъытэ инрэ. Аращ Волонтёрым и дунейпсо махуэр дэнэкIи Iэтауэ щIыщагъэлъэпIар.
Ди республикэм хыхьэ щIыналъэм ящыщ дэтхэнэми щекIуэкIащ а махуэшхуэр зейхэр Iэтыным, абыхэм гулъытэ хэха яхуэщIыным хуэгъэпса Iуэхугъуэхэр. Апхуэдэу, волонтёрхэм пщIэ щыхуащIахэм ящыщщ Дзэлыкъуэ районыр. ЩIыналъэ администрацэм и Iэтащхьэ Джатэ Руслан ­дамыгъэ ­лъапIэхэр яритыжащ дзэлыкъуэдэсхэу Бетыгъуэн Темирланрэ Лыхь Олесярэ.
- ГъащIэм щынэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ цIыхум сэбэп ухуэхъуныр, - къыхигъэщащ Джатэм. – Фэ апхуэдэ жумартыгъэрэ жыджэрагърэ къыфкъуэкIащи, фхуэфащэ дыдэщ мы къэрал дамыгъэ лъапIэр. Щапхъэ фахурырехъу къытщIэхъуэ щIэблэм.
Апхуэдэ къэрал гулъытэм щIалэгъуалэр нэхъри трегъэгушхуэ жылагъуэм хуэщхьэпэн IуэхугъуэфIхэр дяпэкIи лэжьыным.

КЪАРДЭН Ритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.05.2024 - 12:25

КIЭРЫХУБЖЬЭРЫХУР УАФЭМ НЭСАЩ

ЦIыхум и лъэр нихьэсащ хы лъабжьэми, къуршу щыIэм я нэхъ лъагэми, хьэршми. Ари хъунт и Iэужь къыщимынэу, щIыуэпсым хэмыIэбэу, пщIэ хуищIу щытатэмэ.

10.05.2024 - 09:03

ЗИ ПIАЛЪЭР ИКIАХЭР КЪУАЩЭНУКЪЫМ

2024 гъэм накъыгъэм и 1-м къыщыщIэдзауэ къару игъуэтащ хабзэщIэм - зи пIалъэр икIа, жьы хъуа гъэшхэкIхэр, псыхэкIхэр тыкуэнышхуэхэм я кассэхэм дяпэкIэ щыпхагъэкIынукъым.

10.05.2024 - 09:03

ТАЙ БОКСЫМ ДИХЬЭХХЭМ КЪАХОХЪУЭ

Бахъсэн къалэ администрацэм и унафэщI Мамхэгъ Хьэчим иджыблагъэ IущIащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу а къалэм дэт спорт еджапIэм муай-таймкIэ и тренер Бекбулатов Рашид.

09.05.2024 - 16:58

ПУТИН ВЛАДИМИР И КЪУЛЫКЪУМ ПЭРОХЬЭ

Путин Владимир Урысейм и Президент къулыкъум иджы етхуанэу пэрыуващ, хэхыныгъэхэм щытекIуа нэужь. А Iуэхум иращIэкIа зэхуэсышхуэр сыхьэтым нэблагъэкIэ екIуэкIащ.

09.05.2024 - 15:02

ЗАУЭМ И БЫНХЭМ ГУЛЪЫТЭ ХУАЩIУ

Налшык дэт къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щекIуэкIащ ТекIуэныгъэм и махуэшхуэм теухуа пшыхь.