Статьи на кабардинском языке

Гузэгъэгъуэ къозыт

КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и центрым щIалэгъуалэ зэчиифIэхэр щолажьэ. Абыхэм ящыщщ IуэхущIапIэм и Iуэхутхьэбзэхэр цIыхухэм телефонкIэ щыхуащIэ секторым и лэжьакIуэ Серкэ Дианэ. Мы гъэм коронавирусым зиубгъун зэрыщIидзэрэ зи Iуэхур нэхъ гугъу хъуахэм а IэнатIэр ящыщщ, сыту жыпIэмэ IэщIагъэлIхэм я нэхъыбэм я лэжьыгъэр цIыху­хэм япэIэщIэу къызэрагъэпэщын хуей ­хъуащ.

Шылэм дыщэпскIэ хэдыкIауэ

Азербайджаным щыщ сурэтыщI Мамедзаде Тунзалэ и IэдакъэщIэкI телъыджэм муслъымэн дунейр итхьэкъуащ. Бзылъхугъэм шылэ хъа­рым дыщэпскIэ къурIэныр зэ­ры­щыту хидыкIащ.

«Шу хасэм» и зи чэзу зэхуэс екIуэкIащ

Шы Iуэхум епхауэ иужьрей зэманым лэжьыгъэ щхьэпэ куэд республикэми абы и щIыбкIи зэрыщекIуэкIыр ди нэгум щIокI. Псом ­нэхърэ нэхъыщхьэр а жэрдэмхэр щIыпIэ-щIыпIэкIэ щызэбгрыдза лъэпкъыр зэрыубыдыжынымкIэ, адыгэшым и пщIэм къэралми дунейми зыщиубгъунымкIэ зэ­рыщ­хьэ­пэрщ.

КIуэкIуэ К. В. иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щIыналъэм зыщемыгъэубгъуным хуэгъэпса оперативнэ штабым и зэIущIэр

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц мардэм тету щэкIуэгъуэм и 18-м иригъэкIуэкIащ Коронавирус узыфэм щIыналъэм зыщемыгъэубгъуным хуэунэтIа Iуэхухэр зэрырагъэ­кIуэ­кIым кIэлъыплъ оперативнэ штабым и зи чэзу зэIущIэр.
Абы щыхэплъащ щIыналъэм щыщыIэ санитар-эпидемиологие щы­тыкIэмрэ COVID-19-м пэщIэ­ты­ным хуэгъэзауэ медицинэ IуэхущIапIэхэм щызэфIагъэкI лэжьыгъэмрэ.

Шэрджэс Екатеринэ

«Екатерина Черкеза» цIэмкIэ тхыдэм къыхэна бзылъ­хугъэр Молдовэ къэралыгъуэм и пащтыхь Лупу Васи­лий и щхьэ­гъусэу щыта адыгэпхъут. «Молдовэм и тхыдэм зи цIэ къыхэна зы бзылъхугъэ - Шэрджэс Екатеринэ» («Екатерина Черкешенка - жена гос­подаря Василия Лупу. Судьба одной женщины в истории Молдовы») - ар и фIэщыгъэщ нобэ ди щIэ­джы­кIакIуэхэм фи пащхьэ итлъхьэну тфIэи­гъуэ лэжьыгъэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым регбир къызэрыщыунэхуар

БлэкIа лIэщIыгъуэм и 60 - 70 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэрым хуабжьу зыщиужьащ иджыри къэс куэдым ямыщIэу щыта регби спорт лIэужьыгъуэм. Уеблэмэ Налшык и «Спартак» (иужькIэ «Университет») командэр Урысей Федерацэм и чемпион тIэунейрэ хъуащ, Совет Союзым и гуп нэхъыщхьэм ехъулIэныгъэхэр щиIэу щыджэгуащ.

Хъуащ Кэнжэ къуажэр щэнхабзэм и утыку

«Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэр 2016 гъэм ещанэу Кэнжэ дэт ЩэнхабзэмкIэ и унэм щекIуэкIащ. Ар къызэрагъэпэщащ Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэхэм, Налшык къалэ администрацэм ЩэнхабзэмкIэ и къудамэм, Кэнжэ Щэн­хабзэмкIэ и унэм, «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм.

Къафэр, макъамэр, гукъыдэжыр

Налшык Макъамэ театрым щекIуэкIащ Зэныбжьэгъугъэм и Дунейпсо фестивалыр. «Адыгэ фащэр сэ схуадами, Кавказым ис псоми яхуэ­хъуащ» - арат абы фIащар.

Африкэм щыIэ адыгэ щIалэ

КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и ЩIалэгъуа­лэ советым и жэрдэмкIэ 2015 гъэм екIуэкIа «Илъэсым и ехъулIэныгъэ» зэхьэзэхуэм «IT технологиехэр» Iыхьэм щытекIуауэ щытащ Къар­мэ Астемыр. Иджы илъэсищ хъуауэ ар Африкэ Ипщэм щолажьэ, Йохан­несбург къалэм дэт AxxonSoft (ITV) IуэхущIа­пIэм хьэрычэт IэнатIэм­ зегъэужьынымкIэ и унафэщI къулыкъур къы­щыхуагъэфэщауэ.

КIэрыхубжьэрыхухэр зэщIэкъуэным теухуауэ

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ ири­гъэкIуэкIащ видеоконференц мардэм тету. Абы депутатхэр щедэIуащ кIэ­рыхубжьэрыхухэм елэжь «Экологистика» щIыналъэ операторым зэфIигъэ­кIам.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке