Статьи на кабардинском языке

Набдзэгубдзаплъэу къызэрыщIэкIам и фIыгъэкIэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и гъуэгу-плъыр IэнатIэм пэрыт щIалэхэм мафIэ зыщIэнэнкIэ хъуну псэупIэм къыщIашащ сабиищ зыщIэс уна­гъуэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIащ «Анэм и щIыхь» медалхэр тыным теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муници­пальнэ щIыналъэхэмрэ къалэ округ­хэмрэ Анэм и махуэм и пэ къихуэу щы­зэхэтащ республикэм и къэрал дамыгъэр - «Анэм и щIыхь» медалыр - ты­ным теухуа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр. Дамыгъэ лъапIэр мы гъэм хуагъэфэщащ сабиитху, нэхъыбэ зыпI адэ-анэ 19-м. Къуэрэ пхъууэ пщыкIущ зиIэ Савенковэ Аннэ иратащ «Газель Next» автомобиль зэрыхуагъэфащэм щыхьэт техъуэ сертификат.

КIуэкIуэ Казбек яIущIащ еджакIуэхэм я «Зыгъэпсэхугъуэ ин» Урысейпсо зэпеуэм щытекIуахэмрэ абы и кIэух Iыхьэм хэтахэмрэ

Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щэкIуэ­гъуэм и 26-м яхуэзащ школакIуэхэм я «Зыгъэпсэхугъуэ ин» Урысейпсо зэхьэ­зэхуэм щытекIуахэм, кIэух Iыхьэм нэсахэм, апхуэдэуи абыхэм я гъэсакIуэхэм. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Езауэ А. Къ.

ЩIэблэр зэгъэдэIуэныр хэкIыпIэщ

Запасым щыIэ полковник Къуэдзокъуэ Жамболэт.

Гупыр щызэкъуэувэм ирихьэлIэу зэхьэзэхуэр зэпагъэу

ГугъэфIхэр дагъэщIу «Спартак-Налшыкым» и футболистхэм кърахьэлIащ щэкIуэгъуэ мазэм ирагъэкIуэкIа зэIущIэхэр. Абыхэм я хьэрхуэрэгъухэм къащыпимыкIуэта дэнэ къэна я гъуэм зы топи къыдрагъэгъэкIакъым, езыхэр плIэнейрэ къыщыхэжаныкIащ.

Псэм къигъэщIа сурэтхэр

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым ще­кIуэкIащ Тыркум щыпсэу ди лъэп­къэгъухэм я щIэблэ Бзаджэ Эргун и сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн.

Пащтыхь гуащэ Рание адыгэхэм я хьэщIэщ

Иорданием и пащтыхь ­гуа­щэ Рание гулъытэрэ гуа­пагърэ зыхэлъ бзылъ­хугъэщ. Абы фIэфIщ къэ­ра­лым ис цIыхухэм яхы­хьэну, епсэлъэну, я гуры­гъу-гуры­щIэ­хэр зригъащIэурэ ядэIэ­пыкъуну.

Иужьыр гум къонэж

«Форте» (Таганрог) - «Спартак-Налшык» (Налшык) - 0:0. Таганрог. «Форте арена» стадион. ЩэкIуэгъуэм и 21-м. ЦIыхуи 100 еплъащ.
Судьяхэр: Къуэшыкъуэ (Белореченск), Даниленкэ (Волгоград), Хатмуллин (Химки).

Щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ щытщIэн хуейр мащIэкъым

КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIа зи чэзу зэIущIэм щытеп­сэлъыхьащ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызрагъэужь технологиехэр зыхуэдэмрэ абы ехьэ­лIауэ щыIэ гугъуехь­хэмрэ.

КIуэкIуэ Казбек Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ

КIуэкIуэ Казбек щэкIуэгъуэм и 21-м лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iуащхьэмахуэ щIыналъэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке