ДИ КУЭДЩ ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ДЫХУЭЗЫШЭНУ IЭМАЛЫЩIЭХЭР

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир дыгъуасэ, мэкъуауэгъуэм и 17-м, къыщып­сэлъащ Санкт-Петербург къалэм щекIуэкI Дунейпсо экономикэ зэхуэсым (ПМЭФ) и пленарнэ сессием. Мэкъуагъуэм и 15 лъандэрэ лажьэ форумым и утыку кърахьащ дунейпсо экономикэ щытыкIэм, абы и лъэныкъуэкIэ къэралхэм ­ягъуэт зыужьыныгъэмрэ ахэр зрихьэлIэ лъэпощхьэпохэмрэ ятеухуа псалъэмакъ щхьэпэхэр, Iуэху еплъыкIэхэр. Зэхуэсыр иригъэкIуэкIащ журналист цIэрыIуэ Симонян Маргаритэ. Къэралым и Iэтащхьэм и къэпсэлъыныгъэр онлайн щытыкIэм иту къагъэлъэгъуащ ПМЭФ-м Интернетым щиIэ сайтымкIэ, УФ-м и «Япэ», «Россия 1», «НТВ», «Мир» канал нэхъыщхьэхэмкIэ.
 
Мы гъэм 25-нэу зэхашэ зэхуэсым, 2005 лъандэрэ хабзэу игъэувауэ, жыджэру хэтщ ди къэралым и Iэтащхьэ Путин Владимир. Нобэрей и къэпсэлъэныгъэми Президентым къыщигъэнэIуащ дунейм щекIуэкI политикэмрэ абы щыщыIэ экономикэ щытыкIэмкIэ иIэ Iуэху еплъыкIэхэр. Ап­хуэдэу игъэбелджылащ ди иджырей Урысей Федерацэм къыпэщылъ къалэнхэр.
Къызэхуэсахэм сэлам гуапэ яриха нэужь, Путиныр шэщIауэ тепсэлъыхьащ дунейпсо хозяйствэм щызэтраублауэ щыта зэдэлэжьэныгъэм и лъабжьэр мы зэманым къызэрагъэтIэсхъам, къэрал зэ­хуаку зэпэщIэтыныгъэхэм ящыщ куэдым захуагъэ зэрыхэмылъыжым, сату, финанс IэнатIэхэм зэпэ­щIэувэныгъэ ткIийхэр зэрыщекIуэкIым, экономикэ, политикэ санкцэхэмрэ дэкъузэныгъэ­хэмрэ дитми, ди къэралыр зыужьынгъэм и гъуэгум къызэ­ры­темыкIым, къухьэпIэмкIэ къикI экономикэ къы­пэу­быдыныгъэхэр мымащIэми.
- Дунейм къэралу тет псори я хуитыныгъэрэ яхь жэуапкIэ зэхуэдэщ, апхуэдэщ абыхэм щыпсэу цIыхухэри, - къыхигъэщащ Путиным. - АтIэми, ­къу­хьэпIэ къэрал куэдым къалъытэ езыхэм яIэ хуитыныгъэхэр нэхъыбэу, я Iуэху еплъыкIэри нэхъыщхьэ дыдэу. А Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ гупсы­сэкIэмрэ зэпэщIэувэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ухуашэ, политикэкIи экономикэкIи. Апхуэдэ щы­тыкIэ гугъум драгъэуващ мы зэманым къэралыр. Куэдым хъуэпсапIэу яIащ а дэкъузэныгъэхэмрэ къыпэубыдыныгъэмрэ дыкIъымыкIыфу ди пIэм дижыхьыныр. Хьэуэ. Апхуэдэу къэхъуакъым. Дэ долъыхъуэ икIи къыдогъуэт IэмалыфIхэр, хэкIы­пIэ­щIэхэр. Ахэр хъунущ къэкIуэнум шынагъуэншэу дыхуэзышэну лъэмыж быдэ.
Къэралым и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ лъэпкъ экономикэм игъуэта зэхъуэкIыныгъэхэм. Абы жи­Iащ псэупIэ унэхэр къэщэхуным хуэгъэпса кредитхэр зэрат процент бжыгъэр дяпэкIи зэрагъэмэ­щIэнур. КъинэмыщIауэ, цIыхухэм я псэукIэр ­нэхъыкIэ мыхъуным хуэунэтIауэ хагъэхъуащ улахуэ нэхъ мащIэ дыдэм и инагъым, унагъуэ хуэ­мы­щIахэм дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр ягъуэ­тащ. Апхуэдэ IуэхуфIхэм дяпэкIи пащэнущ. Путиным зэрыжиIамкIэ, къыпэубыдыныгъэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр къыдэзыщIылIа къэралхэм езыхэми экономикэ хэщIыныгъэхэр ягъуэт. А псоми къарикIуа бэлыхьхэр псом япэ зытехуэр абыхэм щыпсэухэращ.
- Апхуэдэ щыщIэныгъэхэм, ахъшэр пудыщэ зэрыхъуам, гъэсыныпхъэм и уасэм зэрыхэхъуам, нэ­гъуэщIхэми я лъабжьэр нэхъапэIуэкIэ гъэтIылъа щыхъуащ а къэралхэм, абыхэм щрагъэкIуэкIа экономикэ политикэ мыхъумыщIэм и зэранщ ар, - жиIащ Президентым. - Ахъшэр къапщтэмэ, блэкIа илъэситI-щым уеплъмэ, ар гъэ къэс проценти 8-м нэскIэ ­нэхъ пуд щыхъуащ хамэ къэралхэм. А щыщIэныгъэ псори зытралъхьэну къагъуэтар иужьрейуэ дунейм къыщыхъуа Iуэхугъуэращ. Къыхызогъэщри, ап­хуэдэ экономикэ зэрыхь­зэ­рийм ди зэран хэлъкъым. Дэ дызыхущIэкъур зыщ: къэралхэр ды­зэдэпыкъужу, хуэныкъуэм ди сэбэп едгъэкIыу дуней псор дызэдэпсэунырщ. Урысей Федерацэм, япэми хуэдэу, гулъытэншэ ищIынукъым Африкэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм щыIэ зызыужь къэралхэр. Абыхэм яхуедгъэшэнущ    ерыскъыпхъэхэр, хущ­хъуэхэр, нэгъуэщI хьэп­шып­хэри.
Къэралым и Iэтащхьэр тепсэлъыхьащ Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм щрагъэкIуэкI дзэ операцэ хэхам. Абы и лъэныкъуэкIэ УФ-м зыхуигъэувыжа къалэнхэр къанэ щымыIэу зэрызэфIихынури къыхигъэщащ.
- Дызэрагъэува щытыкIэ ткIийхэм IэмалыщIэхэр къыдигъэлъыхъуэн, лъэпкъ экономикэм адэкIи зэ­ры­зиужьын хэкIыпIэфI куэд наIуэ къыдигъэщIащ. Дэ дяпэкIи дадэлэжьэнущ зи гупэр къытхуэзыгъэза дэтхэнэ къэралми, апхуэдэхэр нэхъ мащIэ ­хъуным зыгуэрхэр ерыщу хущIэкъуми, - къыхигъэщащ Путиным. - Хуабжьу долIалIэ, дяпэкIи зедгъэу­жьынущ зэдэлэжьэныгъэм и унэтIыныгъэ псоми. Апхуэдэу дэтIыгъынущ ди къэралым и ехъулIэныгъэм хуэгъэпса сыт хуэдэ жэрдэмыщIэри гуп­сы­сэщIэри.
Дунейм игъуэта щытыкIэщIэм ди къэралыр зэрыхэпсэукIыфынум, абы адэкIи зэрызиужьы-­фы­нум хуэщIа IэмалыщIэхэр убзыхуным теухуауэ щытащ Президентым и къэпсэлъэныгъэр.
Форумым ипэ къихуэу, Путин Владимир лэ­жьыгъэ IуэхукIэ яхуэзащ ПМЭФ-м хэт къэралхэм я пашэхэм, правительствэхэм я унафэщIхэм ящыщ­хэм. Къапщтэмэ, УФ-м и Президентыр IукIащ икIи псалъэмакъ щхьэпэ дригъэкIуэкIащ Къэзахъстан Республикэм и Iэтащхьэ Токаев Къасым-Жомарт. ЛIыщхьэхэр тепсэлъыхьащ зи пашэ къэралхэм яку дэлъ политикэ зэпыщIэныгъэхэм, экономикэ зэдэ­лэжьэныгъэхэм. Апхуэдэу, ПМЭФ-м къриу­быдэу, Путин Владимир яхуэзащ ди къэралым щылажьэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэ журналистхэм, абыхэм я упщIэ зэмылIэужьыгъуэхэм жэуап пыу­хыкIахэр, зэпкърыхауэ яритащ.

ТАМБИЙ Линэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.