АЛЬПИНИСТХЭР IУАЩХЬЭМАХУЭ ДЭКIЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси I00 зэрырикъум и щIыхькIэ, мы гъэм и шыщхьэуIум Урысейм и щIыналъэхэм щыщ альпинисти I00 Iуащхьэмахуэ дэкIынущ, «Эльбрусиада-I022» проектым хыхьэу. Ар къызэригъэпэщащ Урысейм альпинизмымкIэ и Федерацэм, КъБР-м и Правительствэр и дэIэпыкъуэгъуу.

Бгым дэкIыну альпинистхэр къыхахынущ ахэр Iуэхум зэрыхуэхьэзырыр тещIыхьауэ. КъищынэмыщIауэ, абыхэм медицинэ тхылъ къыIахынущ, спортым хэтыну хуит  зэращIым теухуауэ.  

КъызэрыхагъэщамкIэ, ахэр бгым дашынущ Iуащхьэмахуэ лъапэ илъэс куэд щIауэ щылажьэ, Iуэхум хуэIэижь IэщIагъэлIхэм, зы цIыхум хуэзэу  нэхъ мащIэу цIыхуищ егъэбыдылIауэ.  Ахэр тхьэмахуэкIэ Iуащхьэмахуэ щыIэнущ: махуищыр траухуэнущ щIыпIэм и хьэуам есэным. Зы махуэ хухахынущ бгым и лъагапIэм нэху къыщекIыным,  адэкIэ бгыщхьэм дэкIынурэ Iуэхур и кIэм нагъэсынущ. Альпинистхэр дэкIынущ Чегет, Iуащхьэмахуэ лъагапIэхэм. 

Дунейм и щытыкIэм елъытауэ, «Эльбрусиада-2022» Iуэхум и программэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэнущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ