КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ Урысей гвардием и унафэщIым и япэ къуэдзэ генерал-полковник Меликов СергейКъэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ Урысей гвардием и унафэщIым и япэ къуэдзэ генерал-полковник Меликов Сергей. ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ республикэм шынагъуэншагъэр къыщызэгъэпэщыным, жылагъуэ хабзэр щыхъумэным, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэр, Iуэху пIащIэгъуэхэр къыщыкъуэкIам деж лэжьыгъэхэр зэщIыгъуу къызэгъэпэщыным.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|