1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ. Ар куэдым ящIэркъым, ауэ Ананенкэ Алексей, Беспалов Валерий, Баранов Борис сымэ реактор жьэражьэм и лабжьэм ехри, Европэ псом щыпсэу цIыху мелуан бжыгъэхэр кърагъэлащ.
ЗэрыжаIэмкIэ, реакторыр къэуа нэужь, махуитху дэкIыжауэ къахутауэ аращ станцым и лъабжьэр къызэтемыувыIауэ зэрыщIэткIукIыр. Абы щIэлът ядернэ гъэсыныпхъэу тонни 185-рэ икIи химие реакцэ псынщIэхэр къыщекIуэкIырт, икIэщIыпIэкIэ къызэтрамыгъэувыIэмэ, Европэ псор текIуэдэнкIэ шынагъуэу.
А гъэсыныпхъэ тонни 185-м и лъабжьэжым псы литр мелуан 18,5-рэ щIэтт, хуабэр иIыгъын папщIэ къагъэсэбэпу щытауэ. Псымрэ ядернэ гъэсыныпхъэмрэ я зэхуакум бетон Iувыр хуэм-хуэмурэ игъэткIурт мафIэм. МафIэр апхуэдизкIэ пщтырти, дэ дызэса гъуэжьыфэм хуэдэтэкъым ар, атIэ хужьыпсу къызэщIэнауэ апхуэдэт. КъызэрахутамкIи, ар псым нэсмэ, ядернэ щхъухьыр зылъэIэса псы литр мелуан 18,5-р къэуэнурэ, ЕвропэмкIэ бахъэу ирихьэкIынут.
Журналист Макгинти Стивен 2011 гъэм итхауэ щытащ абы теухуауэ: «Совет физикхэм къызэрабжамкIэ, а жьэражьэр псым нэсу къэуатэмэ, адрей реакторищри къигъэуэнурэ щIы километр зэбгъузэнатIэ 200-м нэс уэгум ирипхъэжынут, Киевыр щыIарэ щымыIарэ къыбгурымыIуэжу ЩIы напэм трилъэщIыкIынут, цIыху мелуан 30 зыщыгугъ псы къабзэр иуцIэпIынурэ, Украинэм иджыри илъэси 100-кIэ ущыпсэу мыхъуну Iисраф ищIынут».
Урысеймрэ Азием и щIэныгъэлIхэмрэ 2009 гъэм къызэрабжамкIэ, жьэражьэр псым нэсрэ къэуатэмэ, Европэм и зэхуэдитIыр, Украинэр зэрыщыту, Урысейм и къухьэпIэр зэрыщыту ирихынурэ, а щIыпIэм иджыри илъэс 500-кIэ ущымыпсэуфыну хьэуари, щIыри, псыри иуцIэпIынут.
АтIэ, станцым щылажьэхэм гу лъатат цIыхум зэи и нэгу щIэмыкIа насыпыншагъэр къызэрыблагъэри, 4-нэ реакторым и камерэхэм илъэда псымкIэ ехыу, псы литр мелуан 18,5-р зэрыт кумбыгъэр Iуахыу псыр ирагъэжыну унафэ ящIащ, ядернэ жьэражьэр абы нэмыс щIыкIэ. СССР-мрэ Европэмрэ я цIыхухэр къелыным, щIыуэпсыр къабзэу къызэтенэным арат и уасэр – иджыри цIыхуи 3-м я гъащIэ.
Реактор лъабжьэм нэхъ щIыпIэ шынагъуэ дунейм теттэкъым асыхьэтым. УнафэщIхэм ябзыщIакъым Iуэхур зыIутри, адэкIэ щIэн хуейри. Ауэ щыхъум цIыхуищым я Iэр яIэтащ, реактор лъабжьэм ехыну хьэзыру. Абыхэм къагурыIуэрт псы хъумапIэм нэсыну зэманрэ къарурэ зэраIэр, ауэ зэи зыми хуэмыгъэхъужыну узыфэ хахынкIэ зэрыхъунур. Инженер нэхъыщхьэм, курыт звеном и инженерым, сменэм и унафэщIым я щхьэр Iуэхум халъхьэми, цIыху мелуан бжыгъэхэр кърагъэлмэ нэхъ къащтэрт.
Сменэм и нэхъыщхьэм уэздыгъэр тригъапсэурэ мыдреитIым псы хъумапIэм и клапанхэр Iуахыну арат я къалэнри, зыхуэныкъуэну псомкIи къызэрагъэпэщри, етIуанэ махуэм бассейным ехащ. УнафэщIым иIыгъ уэздыгъэм нэху щIагъуи идзыртэкъым, ункIыфI-пынэжурэ гугъу иригъэхьырти, резервуарым зэрыбгъэдыхьэнур къахуэщIэртэкъым, псы игъэжыпIэри ягъуэтыртэкъым. Арами, ерыщу лъыхъуэрт.
ИкIэм-икIэжым уэздыгъэр исащ, ауэ ар ункIыфIын ипэ водолазхэм я нэр техуащ псым екIуалIэ бжьамийм. Нэм къыщIэIэбэр умылъагъуу, псы лъабжьэм щIэт цIыхухъуищыр Iэбэрабэ защIэкIэ къагъуэтащ я нэр зытехуа бжьамийр икIи ар яIыгъыурэ есылIащ псы къигъэжыпIэм…
Ар зэрыIуахыу, псым ижын щIидзэри махуэ псокIэ бассейным зиунэщIащ. Водолазхэм къагъэзэжащ. ЗэрыжаIауэ, ядернэ жьэражьэм бетоныр пхисыкIри, псы хъумапIэм нэсащ, ауэ абы псы итыжтэкъыми, къэуакъым.
Баранов Борис, сменэм и унафэщIыр, 2005 гъэм дунейм ехыжащ. Гу узым ихьащ, зэрыжаIэмкIэ. Беспаловыр Чернобыль АЭС-м 2008 пщIондэ щылэжьащ, пенсэ кIуэгъуэ хъуху. Ананенкэр узыншэщ, «Украинэ ядернэ форумым» и унафэщIщ. Тхыдэм къыхэнэжа щIалищыр зэрылIыкIын дозэ къалъысакъым реактор лъабжьэм щехам!
Фырэ Анфисэ.