КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуауэКъБР-м и Парламентым ирегъэкIуэкI республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэхъыщхьэм и лэжьыгъэр цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къыщыгъэлъэгъуэнымкIэ тхыгъэ нэхъыфIхэр щагъэбелджылыну конкурс. Ар КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъум теухуащ икIи Парламентым иригъэкIуэкI лэжьыгъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэр щыгъуазэ зэращIыр егъэфIэкIуэным хуэгъэпсащ. Конкурсыр номинацэу плIыуэ гуэшащ. Мыбы щаубзыхунущ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыбзэхэмкIэ 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 15-м щегъэжьауэ 2019 гъэм мэлыжьыхьым и 19-м нэсыху цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм къытрадза, Интернетым иралъхьа, телевиденэмрэ радиомрэ къата лэжьыгъэ нэхъыфIхэр. Апхуэдэу конкурсыр езыгъэкIуэкI комиссэм саугъэт хэхахэр игъэувыну хуитщ.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|