Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм ИлъэсыщIэ уэздыгъэхэр щыщIагъанэ

Кавказ Ищхъэрэм бгы лыжэкIэ къыщажыхь и курортхэм а спорт лIэужьы­гъуэр фIыуэ зылъагъу псори кърагъэб­лагъэ 2019 гъэм къуршхэм щыIущIэну. ­Курорт псоми къызэрагъэпэщынущ цIыкIухэри балигъхэри дэзыхьэхыну ­нэгузыужь Iуэху зэмылIэужьыгъуэхэр.

Къапщтэмэ, Къэрэшей-Шэрджэсым и «Архъыз» курортым зыгъэпсэхуакIуэхэр щрагъэблэгъэнущ удз зэмылIэужьы­гъуэхэм къыхащIыкIа шейхэмкIэ, IэфIы­кIэхэмкIэ.
Шэшэным и «Ведучи» курортым сабийхэм папщIэ ИлъэсыщIэ псей щагъэувынущ икIи абы иращIэкIыну гуфIэгъуэхэр ды­гъэгъазэм и 31-м шэджагъуэм ирихьэлIэу щIадзэнущ. Сабий псоми IэфIыкIэхэр, нэгъуэщI тыгъэхэр хуагуэшынущ.
Ингушым и «Архми» курортым я зэфIэ­кIыр щагъэлъэгъуэнущ республикэм и артистхэм.
Iуащхьэмахуэ щыIэ курортым и кIапсэ ­гъуэгухэр дыгъэгъазэм и 31-м сыхьэт 17-м нэсыху лэжьэнущ. ИлъэсыщIэм и япэ махуэм туристхэр метр 3847-рэ зи лъагагъ щIыпIэм щыIэ «Гара-Баши» станцым нэс дэкIыфынущ.
Нэгузыужь программэхэр хьэщIэхэм ­папщIэ ягъэхьэзырынущ хьэщIэщхэр, ресторанхэр, туристхэм я нэгу зыщрагъэужь комплексхэм.
Кавказ Ищхъэрэм и курортхэм фрагъэблагъэ!

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.