Зэпеуэм щытекIуахэр

«ЛъагапIэщIэ» зэпеуэр зэриухам теухуа ­гуфIэгъуэ зэхыхьэр Налшык дэт Музыкэ ­театрым дыгъэгъазэм и 22-м щекIуэкIащ. ­КъекIуэлIахэм хъуэхъу псалъэкIэ захуигъэзащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ ­Каз- бек.

- Нобэ зи кIэ диплъэ «ЛъагапIэщIэ» зэпеуэр махуэ 52-кIэ екIуэкIащ. Зэхьэзэхуэм и къалэн ­нэхъыщхьэу щытар Къэбэрдей-­Балъкъэрым и къэкIуэнум псэ къабзэкIэ хуэлэжьэфын цIыху зэчиифIэхэр наIуэ къэщIынырщ. Къыхэгъэщы­пхъэщ, УФ-м и Президент ­Путин Владимир и унафэкIэ, мы зэпеуэр къэралым и адрей щIыналъэхэми зэрыщызэхашэр, и къызэгъэпэщы­-   кIэр мащIэу щызэ­щхьэ­щыкIми. Конкурсыр къы­халъ­хьащ Урысейм и щIалэгъуалэм щалъхуа я ­Хэкур къызэрыхуэныкъуэр зыхрагъэщIэн, я фIэщ ящIын папщIэ. Зэхьэзэхуэм хэтахэм со­хъуэхъу, я щIэныгъэм хагъэхъуэу, я къэухьым зрагъэужьрэ зыхуагъэувыж мурадхэр зрагъэ­хъулIэу гъащIэм лъэбакъуэщIэхэр щачыну!
Зэпеуэм и иужьрей махуэхэм я къызэгъэпэщыкIэм егугъуу кIэ­лъы­плъахэм ящыщщ «Урысейр зэфIэкI инхэм я къэралщ» зэгухьэныгъэм и унафэщI Комиссаров Алексей. Ар утыкум къыщихьам хуаIэта Iэгуа­уэри къызыхэкIар арауэ къэтлъытащ.
- Мыбдежым щызэрихьэлIэжащ зэхьэзэхуэм и Iыхьэ псоми пэлъэщахэр. Фи ехъулIэныгъэм ди фIэщ ещI дяпэкIэ фи пщэ къыдалъхьэнухэм фызэрыпэлъэщынури республикэм и къэкIуэнум фызэрыхуэ­лэжьэфынури. Мыри дыщIы­гъупхъэщ. IэнатIэм и пашэ цIыхур сытым и дежи и щIэныгъэм зэрыхигъэ­хъуэным яужь итын ­хуейщ. Абы щыгъуэщ ар зэманым къыхуигъэув ­къалэнхэм щыпэлъэщынури, республикэм, зэрыщыту къатщтэмэ, Урысей Федерацэм апхуэдэм и сэбэп щекIынури, - жиIащ абы.
Апхуэдэуи, Комиссаров Алексей къыхигъэщащ «ЛъагапIэщIэ» зэпеуэр ди щIыналъэм екIуу зэрыщрагъэкIуэкIар.
- Ар, псом япэрауэ, и фIыщIэщ республикэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек. Абы, и дэIэпыкъуэ­гъухэр и гъу­сэу, зэман кIэщIым ­къриубыдэу хузэфIэкIащ ди къэралым къыщрахьэжьа IуэхугъуэщIэр Къэбэрдей-Балъкъэрым щешэ­жьэ­ныр. Мыдрейуэ. Проектым хыхьэу, ЦIыхубэ хозяйствэмкIэ урысей академиемрэ УФ-м и Президентым деж къэрал къулыкъумкIэ щыIэ IуэхущIапIэмрэ, сызипашэ зэгухьэныгъэр я гуэгъуу, дызыхуэкIуэ 2019 гъэм IуэхугъуитI къызэдгъэпэщынущ. Япэ лъэбакъуэу щытынущ Мэзкуу мэлыжьыхьым щызэхэтшэну мы зэпеуэм щытекIуахэм егъэ­джэныгъэ прог­рам­мэ хэхакIэ дащыдэлэжьэну зэхыхьэр. Абде­жым дэ щедгъэкIуэкIыну дерс щхьэхуэхэм зыпэрыт IэнатIэм щыпашэхэр щы­хуедгъэсэнущ я Iэзагъэм хагъэ­хъуэным, цIыху­хэм ядэлэ­жьэнымкIэ IэмалыщIэхэм, нэгъуэщIхэми. ЕтIуа­нэ лъэбакъуэу щытынущ фи республикэм и къалащхьэ Налшык мэкъуауэгъуэм къыщызэдгъэпэщыну зэхыхьэр. Абы щыгъуэ дэ дыхэплъэнущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм я зыужьыкIэм теухуа Iуэхугъуэхэм. Дерсхэм щIэдгъэдэIуну псоми къапэщылъщ проект щхьэхуэ зэхилъ­хьэу, абы щыгъуазэ дыхуищIы­ныр. Ар щытынущ Къэбэрдей-Балъкъэрым дежкIи сэбэп зыпылъ Iуэхуу.
«ЛъагапIэщIэ» зэпеуэм щытекIуахэр зыры­зыххэу утыку кърашэри, дипломхэмрэ текIуэныгъэм и нагъыщэу ягъэхьэзыра тыгъэ гъэщIэ­рэщIахэмрэ иратащ.
АдэкIэ къыдохь пашэ хъуахэм я цIэ-унэцIэхэмрэ зыщыщхэмрэ:
1. Абазэ Линарэ Хьэсэнбий и ­пхъур, КъБР
2. Абазэ Бэллэ Хьэмыщэ и пхъур, КъБР
3. Апекъуэ Алимбэч Дмитрий и ­къуэр, КъБР
4. Атэбий Аслъэн Алексей и къуэр, КъБР
5. БищIо БетIал Мурат и къуэр, Москва
6. Бэгъуэт Мухьэмэд Хъызыр и ­къуэр, КъБР
7. Брат Мадинэ Назир и пхъур, Астрахъан ­область
8. ВакъащIэ Аскэр Владимир и къуэр, КъБР
9. Гуо Анзор Андрей и къуэр, КъБР
10. Долженкэ Николай Ратмир и къуэр, КъБР
11. Езауэ Анзор Къылышбий и ­къуэр, КъБР
12. Жэмыхъуэ Мадинэ Алим и ­пхъур, Москва
13. Жылэ Темирлан Мухьэмэд и къуэр, КъБР
14. Жылокъуэ Азэмэт Хьэсэнбий и къуэр, ­Москва
15. Зезаев Рэмэзан Мурадин и ­къуэр, КъБР
16. Къэгъэзэж Ислъам Заур и къуэр, КъБР
17. Калабеков Алим Мэсхьут и ­къуэр, КъБР
18. Къамбий Арсен Мухьэмэд и ­къуэр, КъБР
19. Къанщыкъуей Заур Виталий и къуэр, ­            Москва
20. Къардэн Ислъам Аскэрбий и къуэр, КъБР
21. Къардэн Аслъэн Руслан и ­къуэр, КъБР
22. Къардэн Лаурэ Замир и пхъур, КъБР
23. Къардэн Мадинэ Валерий и пхъур, КъБР
24. Чэртбий Мадинэ Юрий и пхъур, КъБР
25. Котченкэ Роман Андрей и ­къуэр, Москва ­область, Балашихэ
26. КъуэщIысокъуэ Зарэ Арсен и пхъур, КъБР
27. Ксанаевэ Марьянэ Батыр и пхъур, КъБР
28. Къумыкъу Аслъэнджэрий Хьэлий и къуэр, КъБР
29. Къумыкъу Андемыр Ерустан и къуэр, КъБР
30. Къущхьэ Инал Роберт и къуэр, КъБР
31. Локьяев Алан Рашит и къуэр, КъБР
32. Мэкъуауэ Талий Ахьмэд и ­къуэр, Москва
33. Мамсыр Алим Хьэмидбий и ­къуэр, КъБР
34. Мэршэн Мадинэ МэчрэIил и пхъур, КъБР
35. Мурзахановэ Надеждэ Юрий и пхъур, КъБР
36. НэщIэпыджэ Рустамбэч Заурбий и къуэр, КъБР
37. Понэж Мухьэмэд Борис и къуэр, КъБР
38. ПщыхьэщIэ Хьэсэн Шафихь и къуэр, Москва область, Долгопруднэ
39. Тау Анзор Руслан и къуэр, Москва
40. ТIымыжь Хъусен Хьэмыщэ и къуэр, КъБР
41. ЛIыхъурей Беслъэн ХьэзрэIил и къуэр,          КъБР
42. ТIыгу Астан Ислъам и къуэр, Москва
43. Узденов Амырбий Алибэч и ­къуэр, КъБР
44. УнащIэ Аслъэн Алик и къуэр, Москва
45. Урыс Алим Iэулэдин и къуэр, КъБР
46. Iут Анзор Мухьэмэд и къуэр, КъБР
47. Хучинаевэ Индирэ Аслъэн и пхъур, КъБР
48. Шэшэн Вячеслав Мухьэмэд и къуэр, КъБР
49. Щоджэн Аслъэн Iэуес и къуэр, Москва
50. Ездэч Залым Заур и къуэр, ­КъБР

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.