ЗэфIагъэкIар къапщытэ

КъБР-м и Парламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ Iуэ­хущIапIэхэмкIэ, Про­мышленностымкIэ, транспортымкIэ, связымрэ ­гъуэгу IэнатIэмкIэ и комитетхэм иджыблагъэ ирагъэкIуэкIа зэIущIэм щы­теп­­сэлъыхьащ «Къалэ зэ­Iузэпэщ» Iуэхур Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм зэрыщагъэзащIэм.

ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэ­щIым и къуэдзэхэу Афэ-щIагъуэ Михаилрэ («Урысей зэкъуэт» политикэ ­партым Къэбэрдей-Балъкъэрым щиIэ къудамэм          и секретарь) Жанатаев Сэлимрэ, КъБР-м и Пар­ламентым УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэхэмкIэ              и комитетым и унафэщI ­Гриневич Валерий, КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я лIыкIуэу ­КъБР-м и Парламентымрэ суд IуэхущIапIэхэмрэ щыIэ ДыщэкI Мадинэ, Тэрч, Бахъсэн, Прохладнэ къалэ-хэм я щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэмрэ ­абы­хэм я къуэдзэхэмрэ.
АфэщIагъуэ Михаил жи­Iащ «Урысей зэкъуэт» по­литикэ партым къыхилъ-хьа жэрдэмхэм я фIыгъэ-кIэ муниципальнэ щIыналъэхэм зыхэт гугъуехьхэр къызэранэкIын зэрахузэ­фIэ­кIыр, псом хуэмыдэу къа­лэхэр зэIузэпэщ щIы­ным­кIэ, зыгъэп­сэ­ху­пIэ­хэмрэ пщIантIэхэмрэ зы­хуей хуэгъэзэнымкIэ ахэр зэрысэбэпыр.
- Фэтэр куэду зэхэт унэ-хэм я пщIантIэхэр зэIузэ­пэщ щIын хуейщ, щып­сэу­хэм я Iуэху еп­лъы­кIэхэри къэлъытауэ. Абы щхьэкIэ мы проектхэр зы­теухуам ахэр хэгъэгъуэзапхъэщ. Прог­рамммэр иджыри илъэситI-щыкIэ лэжьэнущи,  зэманыр дымыгъэ­кIуэду псо­ри зэпэшэчауэ нэхъыбэ зэрытхуэщIэным ды­хущIэкъун хуейщ, - жи­Iащ Афэ­щIагъуэм.
Къэбэрдей-Балъкъэрым «Къалэхэр зэIузэпэщ щIын» Iуэхур щыгъэ­зэ­щIэ­ным теухуауэ Iэ зыщIадза зэгурыIуэныгъэхэм псоми зэхэту сом мелуани 127-рэ мин 14,719-рэ къызэщIеу­быдэ. Абы щыщу зи уасэ щIатар сом мелуани 101-рэ мин 932,809 мэхъу (про-цент 80,3-рэ).
Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ зэIузэпэщ щIы­нымкIэ и управленэм и уна­фэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ АфэщIагъуэ Руслан жиIащ Налшык къалэм 2018 гъэм зэIузэпэщ ща-щIа пщIантIэхэр 8 зэры­хъур, псоми зэхэту сом мелуан 23-рэ мин 515,630-рэ зэрытекIуэдар. Къи­щы­нэ­мыщIауэ, ХьэтIохъущы­къуей жыг хадэм и лъагъуэ нэхъыщхьэм тет псыутхыр зэрагъэпэщыжащ.
Бахъсэн къалэм мы гъэм пщIантэхэр зыхуей хуа­гъэ­зэным сом мелуани 10-м щIигъу трагъэкIуэдащ. «Къа­лэ цIыкIухэм я зыгъэпсэхупIэхэр» къэрал программэм хыхьэу, Бахъсэн парк щыухуэным ­        сом мелуани 2-рэ мин           200-м щIигъу хухахащ, Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ унэм и гупэр зэгъэпэ­щы­жыным - сом мелуани 5-рэ мин 463-рэ. Бахъсэн къа-       лэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ Къардэн Назир зэрыжиIамкIэ, а утыр нэ­хъапэу зэIузэпэщ щIын ­хуейхэм зэращыщыр гъатхэпэм и 23-м ирагъэкIуэкIа IэIэтым къыщагъэлъэ­гъуащ.
Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащ­хьэм и къуэдзэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алъхъэс Ас­кэр ирагъэкIуэкIа лэ­жьы­гъэм щытеп­сэ­лъы­хьым жи­Iащ 2018 гъэм зэ­Iузэпэщ ящIа пщIантIи 9-м зэхэту сом мелуани 9-рэ ­мини 163-рэ зэрытекIуэдар.
Прохладнэ къалэм и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ Тараев Игорь къыхигъэщащ зэраубзы­хуам тету лэжьыгъэхэр зэрызэфIагъэкIар икIи 2018 гъэм сом мелуан 18,4-рэ къы­зэ­ра­гъэсэбэпар.
АфэщIагъуэм дыщIи­гъужащ цIыхухэм яIущIэ­ным, я лэжьыгъэм ахэр ­щагъэгъуэзэным мыхьэ­нэшхуэ зэриIэр. Апхуэдэуи гу лъаригъэтащ фе­де­ральнэ ахъшэхэр къызэ­рагъэ­сэбэпым адэкIи я нэ-Iэ трагъэтын зэрыхуейм.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.