Тыншу зэи щытакъым

КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ къыдагъэкIа пощт дамыгъэ хэхахэр дыгъэгъазэм и 12-м республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм щагуэ­шын щIадзащ.

А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым и Уна­фэщIым и къуэдзэ Афэ­щIагъуэ Михаил, КъБР-м и Парламентым и унафэщIу щытахэу Нэхущ Заурбий, Бечелов Ильяс, Туменов Мурадин, Чеченов Ануар, Федченкэ Людмилэ, Бозий Натбий, Жаным Руслан сымэ, Федеральнэ ­пощтым и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щы­Iэм и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Коваленкэ Юрий, депутатхэр, ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэр.
АфэщIагъуэ Михаил жи­Iащ махуэшхуэр зэрагъэ­лъапIэм КъБР-м и Парламентым и зэхуэсыгъуитхуми хэтахэм я дежкIэ мыхьэнэ зэриIэр.
- Дыгъэгъазэм и 12-р ­УФ-м и Конституцэр цIыху­бэм IэIэткIэ къыщащта махуэщ. Республикэм и депутатхэм я япэ хэхыныгъэхэр щекIуэкIари аращ, - жиIащ АфэщIагъуэм. - Парламентыр сыт щыгъуи хущIэ­къуащ и къалэнхэр ныкъусаныгъэншэу игъэзэ­щIэ­ным. Депутатхэр жыджэру елэжьырт республикэм щыпсэухэм я гъащIэр нэхъыфI хъуным хуэгъэзауэ къащтэ хабзэхэр зэрырагъэфIэкIуэным. КъыжыIапхъэщ, ди зыужьыныгъэм  ахэр сэбэп зэрахуэхъуар. А псор зи фIыщIэр зэгу­ры­Iуэу, зэкъуэту лэжьыгъэм дызэрыбгъэдыхьаращ.
КъБР-м и Парламентыр илъэс 25-рэ зэрырикъуам и щIыхькIэ пощт дамыгъэ ­хэхахэр къыдэгъэкIыныр къы­хилъхьащ «Пощт маркэхэр зэхуэзыхьэсу КъБР-м исхэм я зэгухьэныгъэ» жы­лагъуэ IуэхущIапIэм икIи Федеральнэ пощтым и IуэхущIапIэу Къэбэрдей-­Балъкъэрым щыIэр дэIэ­пыкъуэгъу абыкIэ хъуащ. Карточкэм къощ республикэм и Парламентым и унэр, архитектор Тимонинэ Людмилэ и проекткIэ 1950 гъэ­хэм яухуауэ щытар. Ап­хуэдэуи абы тетхащ ­«Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­публикэм и Парламентыр илъэс 25-рэ ирокъу» псалъэхэр.
АфэщIагъуэм жиIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэр илъэс 25-рэ зэрырикъур гъэлъэ­пIэныр къызэзыгъэпэщыну гуп 2018 гъэм и гъатхэпэм яубзыхуауэ зэрыщытар икIи абы унафэ зэрищIамкIэ, махуэшхуэм иращIэ­кIыну Iуэхугъуэхэм 2019 гъэми пащэнущ. Абы къы­зэщIиубыдэнущ егъэджэ­ныгъэ, спорт, щэнхабзэ зэхыхьэхэр, апхуэдэуи Шэ­джэм районым щыIэ бгы­хэм я зым дэкIынущ махуэшхуэм и щIыхькIэ.
КъБР-м и Парламентым РеспубликэмкIэ и Советым и унафэщIу езанэ, етIуанэ зэхуэсыгъуэхэм щыта Нэ­хущ Заурбий псалъэ щратым къыхигъэщащ депу­татхэм дежкIэ япэ илъэсхэр нэхъ гугъуу зэрыщытар, арщхьэкIэ абыи емылъытауэ, я къалэнхэм сыт щыгъуи пэлъэщу ахэр зэрылэжьар.
ЗэIущIэм щыжаIащ я Парламентым и махуэш­хуэм и щIыхькIэ пощт дамыгъэ хэха къыдэзыгъэкIа Урысейм и щIыналъэхэм нэгъуэщI зэрахэмытыр.
МахуэшхуэмкIэ депутатхэм ехъуэхъуащ Коваленкэ Юрий, «Пощт маркэхэр зэхуэзыхьэсу КъБР-м ис­хэм я зэгухьэныгъэ» жылагъуэ IуэхущIапIэм хэт МахуэлI Николай, нэгъуэщIхэри.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.