ЩIалэгъуалэр ягъэсэн, ягъэгушхуэн мурадкIэ

КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхуэ­сым и ЩIалэгъуалэ палатэм хагъэхьэну­хэр къыхахын щIадзащ.

ЩIалэгъуалэ палатэр илъэситIым тещIыхьауэ яубзыху. Абы хагъэхьэ республикэ, щIыпIэ жылагъуэ IуэхущIапIэхэм, муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ самоуправленэмкIэ я органхэм епхауэ лажьэ щIалэгъуалэ зэгухьэныгъэхэм, политикэ партхэм я щIыналъэ къудамэхэм, студент зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэр.
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым къагъэхьащ цIыху 58-м я дэфтэрхэр. Абыхэм ящыщу епсэлъэну къыхахащ 55-р. Къыхэгъэщыпхъэщ, ЩIалэ­гъуалэ палатэм и етхуанэ зэхуэсым хэтам я процент 45-м адэкIи я жылагъуэ лэжьыгъэм пащэну гупыж зэращIар.
КъэпщытакIуэ гупым, депутатхэм къи­щынэмыщIа, къэрал, жылагъуэ лэжьа­кIуэхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ хэтщ, мы зэманым ирихьэлIэу зэIущIэу тIу ирагъэкIуэкIащ ЩIалэгъуалэ палатэм хагъэхьэнухэр къыхахыным теухуауэ.
Дэтхэнэ ныбжьыщIэми и къалэнт дакъикъитхум къриубыдэу езыми закъригъэ­цIыхуу зэлэжьыну и мурадхэм къэпщы­такIуэхэр щигъэгъуэзэну, упщIэхэм жэуап иритыну. КъэпщытакIуэхэр щIэупщIащ федеральнэ, республикэ хабзэхэр егъэ­фIэкIуэн и лъэныкъуэкIэ щIалэгъуалэм яIэ гупсысэмрэ мурадхэмрэ зыхуэдэм.
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэ политикэмкIэ и комитетым и унафэщI Азычэ Светланэ жиIащ ЩIалэгъуалэ палатэм щызэфIагъэкI лэжьыгъэм и фIыгъэкIэ абы хэтхэм зэрызаужьыр, къэкIуэну зэманым политик ныбжьыщIэхэр хуэгъэхьэзыра зэрыхъур. «Мыхьэнэшхуэ иIэщ палатэм муниципальнэ щIыналъэ псоми я лIыкIуэхэр зэрыхэдгъэ­хьэм. Сыту жыпIэмэ, район, къуажэ нэхъ пхыдзахэми я гугъуехьхэр абыхэм нэхъ наIуэ къащIыну, хэкIыпIэхэр къагъэлъэгъуэну Iэмал яIэ мэхъу», - къыхигъэщащ Светланэ.
Депутатыр тепсэлъыхьащ етхуанэ зэ­хуэсым и ЩIалэгъуалэ палатэм хэтхэм яIа ехъулIэныгъэхэми, псалъэм папщIэ, абыхэм язщ УФ-м и Къэрал Думэм иригъэ­кIуэкIа урысейпсо щIалэгъуалэ зэхыхьэм хабзэм теухуауэ дыдейхэм къыхалъхьа жэрдэмыр зэрыпхыкIар.
Комитетым мы лэжьыгъэр зэфIигъэкIмэ, ЩIалэгъуалэ палатэм цIыху 45-рэ хагъэхьэну КъБР-м и Парламентым къыщыхилъхьэнущ.
 

Белгъэрокъуэ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.