Хабзэмрэ нэмысымрэ ягъэнэхъапэ

1804, 1810, 1816 гъэхэм пащты­хьыдзэм и генерал пашэхэу Глазенап, Булгаков, Ер­молов сымэ дзэшхуэхэр ящIы­гъуу Джылахъстэнейм къы­теуауэ щы­тащ икIи къуа­жэ щэны­къуэм хуэдизым лъап­сэрыхыр къыхуагъэ­кIуащ. ЗэратхыжымкIэ, зэтра­мы­гъэсхьауэ къэнар къуа­жибгъу къудейт, цIыхуми щIыми леишхуэ ирахат. НэщI хъуа щIыхэм къэзакъхэр къра­гъэтIысхьащ, нэхъ гъунэгъуIуэу къыщыс шэшэнхэми мышкъышхэми ди щIы кIапIэхэм щыщ яубыдащ.

Болэтей жылэжьыр нэхъ па­сэ­хэм здэщысар иджы ПсыдахэкIэ зэджэ щIыпIэм дежщ. НтIэ, а зэман хъыжьэу лъапсэ­ры­хыр адыгэ лъэпкъым къы­хуэ­зыгъэкIуам иужькIэ, лIа­къуэ­лIэшхэм къахэкIауэ ­псэууэ къэнэжахэм псэупIэщIэ къа­лъы­хъуэу хуежьащ. Уэркъ щIалэ БолэткIэ зэджэр къе­жьэ­ри, иджыпсту жылэр здэ­щысым деж къытеувыIащ. ЩIы­пIэр ­да­хащэт: Тэрч Iуфэт, абы ­къы­пылъ тафэ щхъуантIэхэр бы­лым хъупIэт, псым и сэмэ­гураб­гъумкIэ мэзышхуэ екIуэкIырт. Арати, щIыпIэр игу ирихьри, Болэтыр абдеж щетIысэхащ, къуажэри яухуэу ­хуежьащ. А зэманым Инд­рей ЦIыкIурэ ИндреишхуэкIэ еджэу жылитI ипщэкIэ бгы ­лъапэм къытест. А къуажэ цIыкIуитIыр, зэратхыжымкIэ, 1774 - 1775 гъэхэм абдеж къэтIысат. Болэтейр и ныбжькIэ жы­лэ нэхъыжьхэм хабжэ, икIи и ­лъабжьэр 1845 - 1847 гъэхэм къы­щожьэ, ауэ къуажэм дэт кхъэм къыхэнауэ хэт мывэ сын закъуэтIакъуэхэм тет илъэс бжыгъэхэм ятепщIыхьмэ, 1825 - 1827 гъэхэм къуажэр яухуэн щIа­­дзауэ хуэбгъэфащи хъунущ.
Болэтей къуажэм къы­пы­тIысхьащ къумыкъу, шоркъалэ хьэблэкIэ зэджэ жэмыхьэтхэр. Нэхъ иужьыIуэкIэ, хуэм-хуэ­мурэ хьэблитIри Болэтейм хэшыпсыхьыжащ. Шоркъалэ хьэблэм дэса Шорэхэ Балъ­къэр унэцIэр зыфIащыжащ. Индреишхуэри Индрей ЦIыкIури унагъуэ зырыз-тIурытIурэ бгым къехыурэ Болэтейм къахэтIысхьащ. А щIыкIэм тету зиужьурэ, Болэтейр къуажэшхуэ хъуащ. Къуажэдэсхэм Iэщ гъэхъунымрэ гъавэ щIэнымрэ зратащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ: XIX лIэ­щIыгъуэм пщIондэ болэтейдэсхэр щIым зэрытелэжьыхьу щытар пхъэIэщэм выхэр ­щI­э­­щIауэт. Нэхъыбэу ягъэкIырт хьэр, гуэдзыр, иужькIэ, XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм, нартыхур хасэу хуежьащ. Гъавэр гъубжэкIэ Iуахыжырт, зэзэмызи шэмэджкIэ. ХадэхэкIхэм щы­щу хъарбызыр, хъэуаныр, къэбыр, бжьыныр нэхъ къайхъу­лIэрт. Гъавэ къаIэрыхьэр яхьэжын­ папщIэ, щхьэл мыинхэр ящIырт, Iэлъэныкъуэ щхьэлхэри щыIэырт. Апхуэдэуи болэтейдэсхэр жыджэру хэтт бжьэ гъэхъунымрэ щэкIуэнымрэ. БжьаIуэхэр зей хабзэр уэркъ­хэмрэ пщыхэмрэт. Къалэ­жьым и Iыхьэ ныкъуэр Мэз­дэгу, Къызлар бэзэрхэм яшэрт. Жылагъуэм пэгъунэгъу мэзхэмрэ губгъуэхэмрэ къуалэбзукIэ, хьэкIэкхъуэкIэкIэ бейти, мыхьэнэшхуэ иIэт щэкIуэнми. МэкъумэшыщIэ унагъуэ­хэм фэм, цым къыхащIыкI я упщIэхэм, бащлъыкъхэм, пыIэ­хэм щIэупщIэ яIэт.
Къумыкъу Тыгъуэн «Экономическое и культурное развитие Кабарды и Балкарии» и тхылъым къызэрыщихьымкIэ, 1890 гъэм ирихьэлIэу Болэтей къуажэм унагъуэ 233-рэ дэст, гъа­вэ щIапIэу гектар 13942-рэ яIэу.
Iэщ гъэхъуным хъер къыха­хырт. Блай зэкъуэшхэу Али­мыр­зэ, Мухьэмэдмырзэ, Хьэжумар, Башир сымэ шы 200-м нэс яIэт, бжэну 300, жэму 50 ягъэхъурт. Балъкъэрхэ Ас­хьэд­рэ Мэдрэ бжэн 800-м нэб­лагъэ ягъэхъурт, Мэкъуауэхэ Сэ­рэбий, Блам, Машэ, ФIыцIэ сымэ бжэн минитI яIэт. Абы щыгъуэ­ми щыIэт Iэщ зимыIэ унагъуэ­хэри. Апхуэдэхэм я уна­гъуэр ягъэшхэн папщIэ, я щIы Iыхьэхэр ятт е ящэжырт, зыри мыхъужыххэмэ, лэжьакIуэ щIыпIэ жыжьэхэм кIуэрт. Къы­жы­Iэпхъэщ Къамбыкъуэ Къа­нэмэт илъэсибгъукIэ Тыркум лэжьакIуэ зэрыщыIар. Хьэ­тIэхъу Гуцырэ, Хьэжу Хьэмид, Сыкъун ЦыкIунэ сыми Америкэм илъэситIкIэ щыIэгъауэ щытащ. Хьэжу Хьэмид къигъэзэжа иужь, Тэрч псыежэхым и Iуфэм щхьэл трищIыхьат.
Болэтейдэсхэм сыт щы­гъуи IэпщIэлъапщIагъэр къа­дэ­гъуэгурыкIуащ. ГъукIэ Iэ­зэу къуа­жэм дэсащ Фанзий Темыркъан. Я щIакIуэхэмкIэ­ бащлъыкъхэмрэ пыIэхэмкIэ­ я цIэр жыжьэ щыIуат Хъа­нийхэ Быхуэрэ Блацэрэ, Балъ­къэр Сасэ, Къэбардэ Хужь сымэ. Гуэгуэнхэр, сэхэр, нэ­гъуэщI хьэпшыпхэри хьэлэмэ-ту ищIырт Гуэбэшы Тэулин. Лъэпкъ фащэм пкърылъыпхъэхэр ягъэхьэзыру щытащ Хъа­ний КIуэкIуш, Урысы­къуэ КIунэ, КIэнцIалий КIурицэ, Балъ­къэр Гуланэ сымэ.
Тыкуэнхэр япэу зыгъэлэжьахэм ящыщщ Дадэ Асхьэд, Хьэшыр Машэ, Щэныбэ Мэ­рем, Жылау Хьэцу сымэ. Болэтейм бэзэр къэунэхуа иужь, абы къекIуалIэу щытащ ХьэпцIей, Абей къуажэхэм, гъунэгъу станицэ зыбжанэм щыпсэухэр. Сату Iуэхухэм ухэтын щхьэкIэ лэжьыгъэм зэрыхэпщIыкIын хуейм и мызакъуэу, урысыбзэри фIыуэ щIапхъэт. АбыкIэ болэтейдэсхэм сэбэп къахуэ­хъуауэ жыпIэ хъунущ Тэрч и сэмэгурабгъу IуфэмкIэ къы­щыс урысхэр. Къэзакъ станицэхэу Черноярская, Екатериноградская, Прохладненская, Павлодольская, Луковская, нэгъуэщIхэми драгъэкIуэкI экономикэ зэхущытыкIэхэм къадэ­кIуэу, зэныбжьэгъугъэри яку дэлът, апхуэдэу болэтейдэсхэм бзэри зрагъащIэрт, Iуэхуми ­нэхъ хэгъуэза хъурт.
XIX лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм и кIэхэм Болэтей къуажэ уна­гъуэ 263-рэ дэст, цIыху  1579-рэ ­хъууэ. Къуажэ хасэ, мэжджыту 5, ­пощт, сату щIапIэу 9, пэщIэ-дзэ школ, фельдшер пункт - арат иIэр.
Революцэм япи иужькIи цIы­хугъэрэ хабзэрэ зыдэлъ къуа­жэ нэхъыфIхэм хабжэу щытащ икIи щытщ Болэтейр. Индрейр къызытехъукIа Индэрхэ щыщи Болэтейр къызыте­хъукIа Болэтхэ щыщи иджыпсту ­къуажэм зы­ри дэсыжкъым, Истамбы­лакIуэм и зэманым ахэр Тыркум кIуауэ хуагъэфащэ.
1912 гъэм молэ ГъумкIэ еджэу жылэм дэса духьэшым и жэрдэмкIэ мэжджыт дахэ ­къуажэм дащIыхьащ. А            зэманым абы нэхъ уардэ Кавказ Ищхъэрэм щымыIауэ яIуэтэж. Революцэ нэужьым, дин лэжьакIуэхэр зэхэзехуэн щащIым, пщIэ лъэпкъ игъуэ­тыжакъым а мэжджытым, ­гъавэ щIэкIутапIэ ящIы­жауэ щытащ. 1943 гъэм къуажэр нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм яу­быда нэужь, мэжджытыр ямы­къутэу къэнат, арщхьэкIэ з­ауэ нэужь илъэсхэм Тэрч Iуфэ къет­IысэкIауэ Iус жылэр псым игъэпIейтейуэ хуежьащ, тафэр зэрыгуилъэсыкIым къы­хэкIыу. Абы игъэгужьея къуа­жэдэсхэм я унэхэр якъу­тэжурэ бжьэпэм къыдэкIыу щIа­дзащ. Хъаний Пётр колхозым и унафэщIу щылэжьа илъэс тIощIым къриу­быдэу ­выгурэ шыгукIэ жылэр къуэкIийм къыдэIэп­хъукIри, Джылахъстэнейм щы­нэхъ дахэ дыдэ къуа­жэхэм ящыщ зы яухуащ. Тэрч увыIакъым, къуажэр зытеса щIым и ныкъуэр ихьыху. Мэжджытри якъутэжри, къумы­къукхъэкIэ зэджэм зы унэ цIыкIу дащIыхьыжащ, нэмэз щыпщI ­хъууэ.
Зауэм и пэм щегъэжьауэ ­абы и къэзэуатымрэ бэлыхьымрэ зышэча, Берлин къыщащ­тэм хэта Хъаний Пётр къуа­жэ­дэсхэм фIыуэ ялъагъурт, пщIэи хуащIырт. Апхуэдиз хьэзаб зышэча лIыр къэгубжьы­гъуафIэт, щIэхыуи теужырт. Мис а гъэ гугъу­хэм Пётр псэу­кIэщIэ зэ­теувэжыным и лъабжьэр ­игъэтIылъауэ жыпIэ хъунущ.
Къуажэм хабзэрэ нэмыс­рэ дэлъу къызэрыгъуэгу­рыкIуар къулыкъу зыIыгъахэмрэ лIыжь Iущ дэсахэм­рэ я фIыгъэщ. Абыхэм я акъы­лымрэ я тэмакъымрэ адрейхэм гъуэ­­гугъэлъагъуэ яхуэ­хъуащ, нэхъыжьыфIхэм пхаша лъа­гъуэ угъурлым дахэу техьэри. Ар нэхъ ин икIи бгъуфIэ ищIащ илъэс 17-кIэ колхоз уна­фэщIу лэжьа Хьэжу Анатоли. А зэманым къриубыдэу а лIым илэжьамрэ жылэм ­хуищIамрэ лъытэгъуейщ: ­хабзэ дахэмрэ цIыхугъэ лъагэмрэ­ къигъэщIэрэщIэжащ, цIыху­хэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ­ къы­зэригъэпэщащ, езы ­къуа­­жэр бей хъунымкIэ и гуа­щIэ еблэжакъым.

 

НЫБЭЖЬ Михаил, КъБР-м щIыхь зиIэ и агроном.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.