Правительствэм хэтхэмрэ муниципальнэ зэгухьэныгъэхэм я унафэщIхэмрэ КIуэкIуэ К. В. ядригъэкIуэкIащ къэрал социальнэ политикэр пхыгъэкIыным теухуа Iуэхухэм щытепсэлъыхьа зэIущIэ зыубгъуа

КIуэкIуэ К. В. республикэм и Прави­тельствэм, муниципальнэ щIыналъэ­хэмрэ къалэ округхэмрэ я уна­фэщIхэм зэIущIэ зыубгъуа ядригъэ­кIуэкIащ ­Урысей Федерацэм и Президент Путин  В. В. «Къэрал социальнэ политикэр гъэ­зэщIэным теухуауэ зэфIэгъэкIыпхъэхэм я IуэхукIэ» 2012 гъэм накъыгъэм и 7-м къыдигъэкIа Указым щыубзыхуахэр зэрагъэзащIэм теухуауэ.

Зытепсэлъыхь Iуэхум теухуауэ док­ладхэр ящIащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэр социальнэ и лъэныкъуэкIэ хъу­мэ­нымкIэ и министр Асанов А. У., цIыху-            хэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIа­лэ­гъуалэм я IуэхухэмкIэ министрым и ­къа­лэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу I. М., ­КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нистр Хъубий М. Б., КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ М. Л., КъБР-м эко­номикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Ра­хаев Б. М., КъБР-м финансхэмкIэ и ми­нистрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун  Е. А. сымэ.
Къэрал социальнэ политикэм и IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэу щIыналъэм и уна­фэщIым къыхигъэщащ Урысейм и Пре­зидентым и Указым щыубзыхуахэр текI ямыIэу гъэзэщIэныр, бюджетым къыхэ-кIыу улахуэ зратхэм, псом япэрауэ, егъэ­джэныгъэ, узыншагъэр хъумэн, щэнхабзэ IэнатIэхэм хиубыдэхэм, я лэжьапщIэхэм хэгъэхъуэныр, къащта унафэхэр щIыпIэхэм зэрыщыпхагъэкIым набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъыныр. «Iуэхум убгъурыту уекIуэ­кIын хуейуэ аракъым, атIэ а Iуэхухэр зегъэ­кIуэн икIи абыхэм унафэ ятещIыхьын ­хуейуэ аращ», - жиIащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм.
Лъэпкъ программэхэр, экономикэмрэ социальнэ IэнатIэмрэ я проект хэхахэр гъэ­зэщIэным хуэунэтIауэ республикэм и къэ­рал властым и органхэм я лэжьыгъэр ­тэ­мэму зэкIэлъыгъэкIуа хъун папщIэ, ­къыхигъэщащ КIуэкIуэм, зыхуэфащэ ми­нистерствэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я уна­фэщIхэм отчётхэр щащI мыпхуэдэ зэ­IущIэхэр тхьэмахуэм зэ едгъэкIуэкIынущ.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.05.2024 - 09:03

ГУЛЪЫТЭР ЗИIЭ НЫБЖЬЫЩIЭХЭР

 «УхуакIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр колледжымрэ» Автогъуэгу колледжымрэ я студентхэу Прозоровский Александррэ Кизарисов Султанрэ зыхуагъэзащ КъБР-м и УМВД-м и жылагъуэ советым хэт Аттоевэ Дианэ, икIи жр

18.05.2024 - 12:25

МАЗИЩЫМ КЪРИКIУАХЭР

2024 гъэм и япэ мазищым къэралым и щIыналъэхэм промышленнэ продукцэу псори зэхэту къыщIагъэкIам и куэдагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэхъыфIищым яхыхьащ.

18.05.2024 - 09:03

ПХЪЭМЫФЫКЪУЭ ЛЪАПЭ ДЕЖ

Ди япэ итахэм къызэранэкIа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу зэщIэзыкъуэжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжахэм ящыщщ адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь ита, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь з

18.05.2024 - 09:03

ЕВРОПЭР НАСЫПЫНШАГЪЭМ КЪЕЗЫГЪЭЛА ЩIАЛИЩ

1986 гъэм Чернобыль къыщыхъуауэ щыта насыпыншагъэм нэхъыбэж хэкIуэдэнут цIыхуищ къудей мыхъуатэмэ.

17.05.2024 - 09:03

ДЭТХЭНЭРИ ДЫХУЭНЫКЪУЭЩ

Ди планетэм тет къэралхэм я нэхъыбэм зы илъэс къэмынэу накъыгъэм и 12-м къыщызэрагъэпэщ хабзэщ «Экологие щIэныгъэ егъэгъуэтыным и махуэ» зыфIаща Iуэхугъуэхэр.